TYPOLOGY OF PLOTS ABOUT NART TOTRESH IN THE ADYGHE EPIC
- Authors: BUKHUROV M.F.1
-
Affiliations:
- Institute for Humanitarian studies – branch of the FSBSE «Federal Scientific Center ‘Kabardin-Balkar Scientific Center of the Russian Academy of Sciences’»
- Issue: No 4 (2020)
- Pages: 240-258
- Section: Фольклористика
- Submitted: 22.05.2025
- Published: 15.12.2020
- URL: https://bakhtiniada.ru/2542-212X/article/view/293150
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2020-4-240-258
- EDN: https://elibrary.ru/ZVBQQJ
- ID: 293150
Cite item
Full Text
Abstract
In the Adyghe epics, the image of the Nart hero Totresh is considered most often in connection with the legend of his duel with the Nart Sosruko. For this reason, he appears to be a character either unambiguously negative, or not definite in terms of evaluation. This impression cannot be dispelled by another epic work, "The Song of the Mighty Narts", in which this hero appears as one of the defenders of the Nart region. Meanwhile, this image is presented in a number of epic legends of the Adygs, and not always in a negative light, although researchers until now have not paid sufficient attention either to this circumstance, or to the hero himself. In this regard, of particular interest are two poetic legends-pshinatls "A lone rider frightening the army" and "Totresh's forked spear", which are brought into consideration for the first time. This circumstance determines the relevance of the topic of this article. The purpose of the study is to give as complete an analytical description of the plot and the main motives of the legends about Totresh as possible, in connection with which, throughout the entire work, the author's focus remains on the analysis of the features of the genesis, evolution and transformation of the main plot-forming elements, the ways of penetration of folklore universals in the noted legends are traced and the types of motives and plots are determined in accordance with the existing indexes (AT, SUS, etc.). Based on the analysis carried out, it is concluded that most of the stories about this character were finally formed at the final stage of the productive period of the Nart epic as a result of the interaction of multi-stage components, which is confirmed by the presence in them of plot-forming motives based on archaic ideas (snake fighting, a fight between a father and a son or a close relative , "Cultural feats", etc.), and motives of a later origin (protection of their land, the cult of strength and nobility and other features of the ideal medieval knight.). The staged position of the artistic image was reflected in its typology and poetic language of legends. The observations made allow us to consider Totresh one of the heroes, whose image is the result of the logical completion of the types of key characters in the archaic epic of the Adygs.
Keywords
Full Text
Тотрэш ехьэлIа сюжетхэм я бжыгъэр пашэу нарт эпосым къыхэщыж лIыхъужь нэхъыщхьэхэм (Сосрыкъуэ, Уэзырмэс, Батрэз, Ашэмэз, Бэдынокъуэ, н.) яйм хуэдиз мыхъуми, е абыхэм хуэдэу циклышхуэ щхьэхуэ къамыгъэщIми, мы лIыхъужьым и образыр ящыщщ нэхъыбэу IуэрыIуатэм зыщызыужьахэм. Абы дызыщрихьэлIэр адыгэ хъыбар, пшыналъэ къудейхэракъым, атIэ Кавказым ис адрей лъэпкъхэм, псом хуэмыдэжу абхъазхэм, осетинхэм, я дежи щызэлъэщIысащ, абы щыгъуэми бгъэдэлъ хьэл-щэнхэмкIэ, зэпха сюжетхэмкIэ куэдыр зэтехуэрэ я лъапсэкIэ зыуэ, языныкъуэхэм деж зыгуэрхэмкIи щызэщхьэщыкI щыIэу. Зи гугъу тщIы дэтхэнэ зы лъэпкъ IуэрыIуатэми зыщызыужьахэм ящыщ зыщ, псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ зэрызэзэуам теухуа сюжетыр.
Мы сюжетым вариант куэд иIэщ. Абыхэм ящыщ псори, япэ дыдэ ятха текстым деж щегъэжьауэ нэхъ иужьрей дыдэхэри хиубыдэу, къэхъугъэм и пкъыгъуэхэм зэрызыщхьэщыкIышхуэ ямыгъуэтауэ ди деж къэсащ. Ауэ зым зы пычыгъуэ гуэрхэр хэткъым, адрейр къызэрыIуэтэжам уи гур игъэзэгъащэкъым. Абы къыхэкIу, ди къэхутэныгъэм тегъэщIапIэ нэхъ щыпкъэ хъуну къыхэтхащ зы закъуэ. Гъуо Хьэбашэ (1836 гъ. къ.) къиIуэтэжауэ щыта хъыбарым [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32. П. 2] зэрыжиIэмкIэ, нартхэм я санэхуафэм щрагъэкIуэкI шурылъэсым Сосрыкъуэ текIуэныгъэр щызыIэрегъыхьэ; абы иригушхуэу къыздэкIуэжым, Тотрэш ирохьэлIэ; а тIум я зэхуаку зэныкъуэкъу къыдохъуэри, Сосрыкъуэр къыщыхигъащIэкIэ, Тотрэш йолъэIури, пIалъэ кърет; Сосрыкъуэ къэсыжу къэхъуар и анэ Сэтэней щыхуиIуэтэжкIэ, Iэмалрэ бзаджагъэкIэ абы тригъэкIуэну къегъэгугъэ; пIалъэр къэсу Сосрыкъуэ ежьэн щыхъум, шы сокумрэ шыкIэмрэ уэзджынэ хухещIэри еутIыпщ; Iуащхьэ лъапэм щынэсым, Сосрыкъуэ пшагъуэ зрещIэкI, уэзджынэхэр зэщIэжьыуэу пшагъуэм къыщыхэжкIэ, Тотрэш и шыр мащтэри йолъ; абы къигъэгубжьа Тотрэш и шыр къыщыжьэдикъуэкIэ, шыжьэр щIеудри шым къыпоху; апхуэдэ щIыкIэкIэ хутыкъуа лIыхъужьым Сосрыкъуэ пIалъэ иритыжын имыдэу, и щхьэр фIехри и анэм хуехьыж.
Пкъыгъуэ щхьэхуэхэм нэгъуэщI къэIуэтэкIэ яIэми, е зыгуэрхэр хэмытыххэми, е лIыхъужьхэм я цIэхэр щызэтемыхуэ щыIэми, мы сюжет жыIэжыкIэращ дэнэ щIыпIэкIи нэхъ щызекIуэр [Джапуа 2003: 72-73; Мифы народов… 1994: 523; Нарты… 2012: 213-224].
Гъут I.М. къызэрибжамкIэ, ХьэдэгъэлIэ Аскэр зэхилъхьауэ щыта «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъхэм мы сюжетым и вариант къудейуэ 42 хыхьауэ щытащ [Гутов 2009: 16]. Абы къегъэлъагъуэ сюжетым ди лъэпкъ IуэрыIуатэм щиIыгъ увыпIэр. 1864 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Къазий къытригъэдзауэ щыта пшыналъэм щхьэкIэ щIэныгъэлIым итха комментарием тепщIыхьмэ, нарт эпосым щыщу япэ дыдэу адыгэбзэкIэ дунейм къытехьар мы сюжетыр зи лъабжьэ пшыналъэрщ [Нарты… 2012: 240]. Абы къикIращи, мыр ящыщщ япэ дыдэу джыпхъэу щIэныгъэлIхэм яIэрыхьахэм, икIи, къыжыIапхъэщ, къэдгъэлъэгъуа зэманым къыщыщIэдзауэ ди лъэхъэнэм къэсыху, пшыналъэм и лъэныкъуэ куэдыр зэрагъэбелджылар. Ауэ, абыхэм къыхалъхьа гупсысэхэм дригъуазэ пэтми, нэхъыбэу мы статьям деж щхьэпэ къытхуэхъуну къэтлъытэу къыхэтхар сюжетым и лъабжьэр, и ныбжьыр, и лIэужьыгъуэр щызэпкърыха къэхутэныгъэхэрщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр къишащ, къалэн нэхъыщхьэу мыбдежым щызыхуэдгъэувыжам – Тотрэш ехьэлIауэ ди эпосым хэт сюжетхэм я лIэужьыгъуэхэр гъэбелджылыныр. Пэжщ, мы Iуэхугъуэм и лъэныкъуэкIи куэд лэжьа хъуащ, ауэ апхуэдэ къалэн ди пщэ щIыдэтлъхьэжами щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэщ. Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ зэрызэзэуар къэзыIуэтэж сюжетым нэмыщI, IуэрыIуатэм дызытепсэлъыхь лIыхъужьым и цIэр къыхэщу нэгъуэщI зыми – «Нартыжь уэрэдым» – ущрохьэлIэ. Мыбы и вариантхэри апхуэдизкIэ куэд мэхъури, ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа бжыгъэм нэхърэ мынэхъыбэмэ, куэдкIэ нэхъ мащIэкъым, ди IуэрыIуатэджхэми яхэту къыщIэкIынкъым, зэгуэр абы темыпсэлъыхьа. Апхуэдэу щыт пэтми, щIэныгъэлIхэм я Iэ зэкIэ зылъэмыIэса гуэрхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, ИГИ КБНЦ РАН-м и архивым щыхъума «Дзэ гъэшынэ шу закъуэ» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-л. П. 3], «ТIотIэрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-л. П. 4] пшыналъитIыр.
Пшыналъэхэр джыным мыхьэнэшхуэ иIэу къытщохъу, дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм теухуауэ еджагъэшхуэхэм къыжаIахэм къыщIигъуу, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, мы лIыхъужьым къепха IуэрыIуатэхэкIхэр мотив, сюжет, образ и лъэныкъуэкIэ нэхъ «зэмыфэгъуу» зэрыщытыр къызэригъэлъагъуэмкIэ. Ар наIуэ къэщIынырщ мыбдежым мурад нэхъыщхьэу щызыхуэдгъэувыжари. А щытыкIэр нэхъ ирикъуу къэтIуэтэн папщIи, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа сюжетхэм иджыри зэ къытедгъэзэжми хъуну къэтлъытащ.
Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ зэрызэзэуар къызыхэщ пшыналъэм и гугъу пщIымэ, Гъут I.М. къызэрилъытэмкIэ, мыбы и пкъыгъуэ зыбжанэр Аарнерэ-Томпсонрэ [Thompson 1961] (адэкIэ АТ) я сюжет гъэлъагъуэ цIэрыIуэм къыщыхьа АТ 650В (ЛIыхъужьым езым нэхърэ нэхъ къаруфIэ къелъыхъуэ – Герой ищет противника сильнее себя) сюжетым пэблагъэщ [Гутов 2000: 30]. Абы и телъхьэщ абхъаз нарт эпосым и сюжетхэр щIэзыпщытыкIа З.Д. Джапуаи: «Езым (лIыхъужьым) нэхърэ нэхъ лъэщ къэзылъыхъуар» фIэщыгъэцIэм къызэщIригъэубыдэ сюжет Iэрамэм мыри хегъыхьэр [Джапуа 2003: 68-73]. Къапщтэмэ, Сосрыкъуэ, Тотрэш хуэзэн и пэ къихуэу, лIыхъужьыгъэхэр егъахъэ: нарт хэсэм щыкIуэкIэ, къандзитI зэпэщылъу, ауэ зэзэуэну темыгушхуэу ирохьэлIэ, дзитIыр зэщешэри зрегъэзауэ, езыми хахуагъэ абы щызрехьэ; абы йокIри нарт хасэм макIуэ, нарт джэгум текIуэныгъэ къыщехь, батырыбжьи къыхуагъэфащэ. Пэжщ, псысэхэм хуэдэу, Сосрыкъуэ езым нэхърэ нэхъ лъэщ къилъыхъуэн мурад зэриIэр наIуэу къэгъэлъэгъуауэ щыткъым, атIэ гъуэгум лIыхъусэжьым (Тотрэш) имыщIэххэу щрихьэлIэу арщ. Ауэ тIум щыгъуэми зыхуэкIуэжыр зыщ: бланагъэрэ хахуагъкIэ къапэлъэщ лIыхъужь ирохьэлIэ. Мы щытыкIэхэмкIэ АТ 650В сюжетым дызытепсэлъыхь хъыбарыр (е пшыналъэр) темыхуэу, дауикI, пхужыIэнукъым, ауэ абы къыдэкIуэу къызэрыщхьэщыкIми гу лъумытэу къанэркъым. А зэщхьэщыкIыныгъэр хыдолъагъуэ хъыбарым (пшыналъэм) зи гугъу тщIы сюжетыр «къызэригъэIэрыхуэ» щIыкIэм.
Адыгэ псысэхэм АТ-р и лъабжьэу сюжет гъэлъагъуэ хузэхэзылъхьа Тхьэмокъуэ Ж.Хь. АТ 650В сюжетым мыпхуэдэ къэIуэтэкIэ ирет: зи къарум щигъэкIа лIыхъужьыр гъуэгуанэ тоувэ, езым нэхърэ нэхъ лъэщыж къилъыхъуэну; апхуэдэм хуозэри, нэхъ къарууфIэж зэрыхуэзауэ щытам и хъыбар къыхуеIуэтэж; ар зэхэзыха лIыхъужьым къегъэзэж, хэлъа еIуещIагъри зэхен [Сравнительный указатель… 2018: 581]. Мыбы тепщIыхьмэ, мыр зи лъабжьэ псысэхэм къалэн нэхъыщхьэр я пщэ къыдэхуэу лIыхъужьищ хэтщ: 1) зи къарум иригушхуэр; 2) щIэщхъу къызыщыщIар; 3) тIуми зезыгъэцIыхужар.
«Сэ схуэдэ хэт щыIэ!» [Адыгские сказки… 2018: 352-354] псысэм деж мы лIыхъужьхэм я къэлэныр мыпхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэзащIэ:
- Зи къарум иригушхуэр.
ЩIалэм фыз къешэ; жэщ къэсыхункIэ езымрэ нысащIэмрэ я зэхуаку и джатэр делъхьэ; апхуэдэу щIищIым и щхьэусыгъуэр зэхигъэкIын и мураду и щхьэгъусэр къыщеупщIкIэ, лIыхъужьыгъэ бгъэдэлъым къыхэкIыу ар зэрилэжьыр нысащIэм жреIэ; апхуэдизу и лIыгъэм къыщигъэгугъэкIэ, кIуэуэ Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгу жыхуаIэр къихьын хуейуэ нысащIэм къыпегъэтIылъ.
- ЩIэщхъу къызыщыщIар.
Мыбы и къалэныр зыгъэзащIэр Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгу жыхуаIэрщ. Щауэ щIалэр абы хуозэ, ирехулIэри, шым къытричу и шыплIэм къыдилъхьэн мурадкIэ щеIэм, мор нэхъ лъэщыжу къыщIокIри езы щIалэр и шым къытреч, лъэрыгъпсыфэм щIедз, ирехьэжьэри йожьэж; щIалэр къыщIежьам и щхьэусыгъуэр къыщищIэкIэ, Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгум езыми апхуэдэ дыдэу и къарур и напщIэ телъу, а мурад дыдэри иIэу зэрежьар, нэхъ лъэщыж хуэзэуи щIэщхъу къызэрыщыщIар къыхуеIуэтэж.
- ТIуми зезыгъэцIыхужар.
Мыбы и къалэныр зыгъэзащIэр лIыгъэ гуэри къылъыкъуэкIыну узыщымыгугъ лIыхъужьщ. Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгу сымэ шууищэ хъууэ йожьэ, мылъку гуэр къагъэхьэрычэтыну; гум ису зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ гъуэгум щрохьэлIэ, ахэр яхъунщIэнуи мурад ящI; щIалэ «фейцейм» зыкъызэкъуехри шу бгъущIрэ бгъур зэтреукIэ; Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгу апхуэдизу зи къарум къигъэгугъэу щытар трахауэ абдеж щылъ шыфэм кIуэцIопщхьэри зегъэпщкIу; щIалэм ар къещIэ, и сэшхуэмкIэ шыфэм йопыджри, модрейм и нэр ирещI; апхуэдэ щIыкIэкIи зыкърегъэцIыхуж, Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгу цIэри абы щхьэкIэ къыфIащ.
А псор зэхэзыха япэ лIыхъужьым (зи къарум иригушхуэм) къыгуроIуэж, сыт хуэдиз къару цIыхум хэмылъами, нэхъ лъэщыж дунейм зэрытетыр; къокIуэжри къайгъэншэу псэун щIедзэ.
Мыбдежым гу зылъытапхъэращи, япэ персонаж лIэужьыгъуитIыр я дуней тетыкIэкIэ зыкъомкIэ зэтохуэ: зэгуэр лIыхъужьыгъэ пылъу зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэм (ар текстым къыщыгъэлъэгъуауи дэгъэхуауи щытынкIэ хъунущ) закъыфIегъэщIыж, езыхэм хуэдэ къару зыхэлъ дунейм темыту закъыщохъуж.
АТ 650В сюжетыр Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ зэрызэзэуа хъыбарым (пшыналъэм) къызэригъэсэбэп щIыкIэм и гугъу пщIымэ, наIуэ къохъу зи къарум иригушхуэ япэ лIыхъужьыр мыбдежым зэрыхэмытыр, апхуэдэу щыщыткIи, дауикI, абы и IуэхущIафэхэри чэмщ. Хъыбарым (пшыналъэм) къищтэр щIэщхъу къызыщыщIамрэ (Сосрыкъуэ, щызыгъэкIа ехъулIэныгъэри къэгъэлъэгъуауэ) лIыхъужьым зезыгъэцIыхужамрэщ (Тотрэш, «шу фейцейм» и шыфэлIыфэ бгъэдэлъу (Нэлъэныкъуэ Нэфу Шыфэ Джэдыгу хуэдэу, Сосрыкъуэ и лIыгъэр и напщIэ телъщи, зы «фIыцIагъэ» гуэру фIэкIа, ар (Тотрэш) къыщыхъуркъым)).
Сюжетыр зыми, лIыхъужьхэм я къалэнхэр зэтехуэми, я IуэхущIафэхэр, абыхэм я къэIуэтэкIэхэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэтепщIыкIыж хабзэщ. Аращ IуэрыIуатэр езыр къулей зыщIыжри. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ я лIыгъэ зехьэкIэр (Сосрыкъуэ дзитI зригъэзауэрэ лIыхъужьыгъэ къызэригъэлъагъуэр, нарт шурылъэсым текIуэныгъэ къызэрыщихьыр, Тотрэш ар бжыпэкIэ къызэрырихьэкIыр, н.) къызэрыIуэтар ещхькъым ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псысэм. Абы къыдэкIуэу, псысэ сюжетым и жыпхъэм имыкIыу хъыбарыр (пшыналъэр) щытатэмэ, Сосрыкъуэ къыщыщIа щIэщхъум иужькIэ кIуэжу мамыру и пIэ итIысхьэжын хуейт. Ауэ, хъыбарыр (пшыналъэр) зыхущIэкъур лIыхъужь нэхъыщхьэр иIэтыныр арамэ, Тотрэш и текIуэныгъэм Сосрыкъуэ и пщIэр, дауикI, иIэтыркъым, абы папщIэкIи АТ 650В сюжетым адэкIи зеужь – Сэтэней и фIыгъэкIэ и бийм зэрытекIуар къыпоувэ.
Сюжетым иIэ къэIуэтэкIэр дуней псом зыщызужьа мотивхэр къыщызэщIэкъуа Ю.Е. Березкинрэ Е.Н. Дувакинрэ я лэжьыгъэм къыщыхьащ, икIи абыхэм мыр J31. Адэм и Iэщэ-фащэ (Оружие отца) фIэщыгъэцIэм къызэщIиубыдэ мотив гупым хагъэхьэ [Березкин, Дувакин]. Ауэ щIэныгъэлIхэм дежкIэ мыбдежым нэхъыщхьэр адэм и Iэщэ-фащэхэр лIыхъужьым къызэрыIэрыхьэрщ, абы къыхэкIкIи зыхущIэкъуари мыбы ехьэлIауэ лъэпкъ къэсыхукIэ яIэ къэIуэтэкIэр гъэнэхуэнырщ. Апхуэдэу щыщыткIи J31 бжыгъэм сюжет зэмыщхь куэд къыщызэщIэкъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, дызытепсэлъыхь сюжетыр щхьэхуэу къыхэгъэкIарэ ар зиIэ лъэпкъхэр къэгъэлъэгъуэжауэ щыткъым.
Ю.Е. Березкинрэ Е.Н. Дувакинрэ я лэжьыгъэм и хэзыгъэгъуазэ Iыхьэм къыщыжыIащ, каталогым сыт щыгъуи ахэр зэрелэжьыри, абы кIэ зэримыIэри. Апхуэдэ гупсысэр дэри ядыдоIыгъ: нарт эпосым фIэкIа, мыпхуэдэ сюжет къэIуэтэкIэ хэткъым, жытIэу нобэ апхуэдэр утыку къитлъхьэну шэсыпIэ дихьэркъым, умыщIэххэу пщэдей зыщIыпIэхэм ущрихьэлIэжынкIэ хъунущи. Ауэ зэкIэ ди Iэ зылъэIэсахэм тепщIыхьмэ, жытIэ хъуну къытщохъу, лIыхъужьитIыр зэхуэзэу зэрызэзэуамрэ зыр адрейм IэмалкIэ зэрытекIуамрэ ягъуэт къэIуэтэкIэр нарт эпосым бгъэдэлъ сюжет къэгъэщIыкIэм, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, АТ 650В сюжетым и зыужьыкIэм хэтлъагъуэ щхьэхуэныгъэу.
Дызытепсэлъыхь сюжетым, образым къежьапIэ яхуэхъуам и гугъу пщIыми, щIэныгъэлIхэм ахэри гулъытэншэу къагъэнакъым, икIи нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, пкъыгъуэ куэдым я лъабжьэр пасэрей цIыху зэдэпсэукIэм, гупсысэкIэхэм къыщожьэ. Мыбдежым псоми я гугъу щытхуэмыщIми, щапхъэ зыбжанэ къэтхьмэ тфIэигъуэщ. Хъыбар, пшыналъэ нэхъыбэм къызэрыхэщымкIэ, Тотрэш Албэчрэ Бырымбыхурэ (Бэрамбыху, Бырамбыху, н.) я къуэ ебгъуанэщ, Бырымбыхур езыр Сэтэней и шыпхъущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Тотрэшрэ Сосрыкъуэрэ зэшыпхъуитIым я бынщ, ауэ, апхуэдэу щытми, къызэрыщIэкIымкIэ, ахэр зэфIкъым. Сэтэней и шыпхъум и къуибгъум ящыщу ир Сосрыкъуэ ирегъэукI, ебгъуанэм, Тотрэш, и щхьэр къихьынымкIи сэбэп хъуну къегъэгугъэ [Нарты… 2012: 230]. Мыпхуэдэу зэрыщытым М.Е. Талпэ хелъагъуэ, лIакъуэ зэдэпсэукIэм ипкъ иткIэ, абы къызэщIиубыдэ цIыху бжыгъэм мыхьэнэ зэриIэм къыхэкIыу, пасэрейхэм яхэлъа гупсысэм и зы лъэужь: бын зимыIэ Сэтэней и шыпхъу быныфIэм йофыгъуэжри бий хуохъу [Кабардинский фольклор… 2000: 577]. Ауэ, гъэщIэгъуэнращи, хъыбар, пшыналъэхэм къазэрыхэщымкIэ, Сосрыкъуэ Тотрэш и щхьэр къихьа нэужь, Сэтэней мэгубжь, лэныстэр едзри Сосрыкъуэ и лъэдакъэм зыхрегъадзэ, икIи езы М.Е. Талпэ къытридза вариантым [Кабардинский фольклор… 2000: 38-41] къызэрыхэщымкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ и шыпхъум и къуэм илъ ещIэж. Зэрынэрылъагъущи, мыбдежым гурыIуэгъуащэкъым, Сэтэней и IуэхущIафэр къызыхэкIыр. Ауэ, щIэныгъэлIым зэрыхуигъэфащэмкIэ, мыбдежым IуэхугъуитI щызэхэухуэнащ: зы лъэныкъуэкIэ, Сэтэней, апхуэдиз зэфIэкI зиIэм, и псэм хутегъахуэкъым, и мылъхукъуэм зыгуэр къыпэлъэщу, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, анэ лъэхъэнэм къигъэув хабзэмкIэ, Сосрыкъуи Тотрэши зы лIакъуэм щыщщи, шыпхъум и къуэ укIыныр хуэдэщ, езым и къуэ дыдэр яукIам. Аращи, М.Е. Талпэ мы пычыгъуэм анэ лъэхъэнэм и лъэужь хэлъу хуегъэфащэ. Абы къыдэкIуэу, щIэныгъэлIым къелъытэ, лIыхъужьым и анэм зэрихьэ фIэщыгъэцIэм (Бырымбыху) и лъабжьэр алыдж мифологием дызыщрихьэлIэ Харон деж къыщежьэу [Кабардинский фольклор… 2000: 577]. Зи гугъу тщIы алыдж мифологием къызэрыхэщымкIэ, Харон и къалэн нэхъыщхьэр щIы щIагъым щежэх псым тету (кхъуафэжьей сыт хуэдэ зыгуэркIэ) лIахэр адрей дунейм нэгъэсынырщ [Мифы народов… 1994: 584]. Ауэ, Бырымбыху и образыр къызыхэщыж зы IуэрыIуатэхэкI лIэужьыгъуи мы персонажым апхуэдэ къалэн гуэр игъэзащIэу дыщыгъуазэкъым. Апхуэдэ гупсысэ М.Е. Талпэ къыщIыхилъхьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэуи къыдолъытэ, бырымбыху псалъэр урысыбзэм зэрыхуигъэкIуар: бы(а)рым – паром + бы(э) – много + ху(н) – гнать = гонительница многих паромов [Кабардинский фольклор… 2000: 577]. Аращи, мыр щIэныгъэлIым IэщIэкIэ щыуагъэу убж хъунущ.
Хъут Щ.Хь., М.Е. Талпэ хуэдэу, и шыпхъум и къуэр Сосрыкъуэ зэриукIар Сэтэней фIэмыфIу къызэрыIуэтам хелъагъуэ анэ лъэхъэнэм и Iэужь. Абы зэритхымкIэ, Сосрыкъуи Тотрэши зы анэ лIакъуэм щыщщ, Тотрэш хэкIуэдащи, лIакъуэм зы цIыхукIэ щыщIэныгъэ игъуэтащ. Аращ Сэтэней и мылъхукъуэм жыр лэныстэр щIыкIэлъидзри [Хут 2003: 56].
Сосрыкъуэ и шыр уэзджынэкIэ зэрызэщIэблар къатщтэми, аркъудейми пасэрей дуней еплъыкIэм и лъэужь зэрыхэлъым щIэныгъэлIхэм гу лъатащ. Псалъэм папщIэ, М.М. Бахтин и лэжьыгъэхэр тегъэщIапIэ ищIкIэрэ, З.Д. Джапуа апхуэдэ гупсысэ и лэжьыгъэхэм къыщеIуатэ [Джапуа 2003: 73].
Сосрыкъуэрэ Тотрэшрэ щIызэзэуам и гугъу пщIыми, абы и щхьэусыгъуэ зыбжанэ вариантхэм къыхобелджылыкI. Абыхэм ящыщ зыщ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, езым нэхърэ нэхъ лъэщ къигъуэтын мурад лIыхъужьым зэриIэр, ныкъуэкъуэгъу хуэхъури и анэ шыпхъум и къуэу зэрыщытыр. Мы иужьрейм ипкъ иткIэ Гъут I.М. зыхуэкIуа гупсысэм тепщIыхьмэ, абы лъабжьэ хуэхъуащ лъэпкъ куэдым я деж щызэлъыщIыса «адэр къуэм зэрезауэр» (бой отца с сыном), нэхъ тэмэму жыпIэмэ, «лIыхъужьыр и Iыхьлым зэрыпэщIэувэр» (столкновение героя со своим родственником) мотивыр [Гутов 2009: 16-17]. ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, мотивым къежьапIэ хуэхъуащ зэгуэр пасэрей цIыхум яхэлъу пащтыхьыгъуэ зэIэпыхыкIэм къишэу щыта зэхущытыкIэр: жылагъуэм, лIакъуэм яIэнкIэ хъуну ехъулIэныгъэхэр зэлъытар тепщэм бгъэдэлъ щIалагъырт, узыншагъэрт, къарурт. Жьы хъурэ ахэр къэтIэсхъамэ, тепщэныгъэр и щIэблэм фIиубыдынкIэ хъурти, ар зэрызыIэщIимыгъэкIыным, модрейми зэрызыIэригъэхьэным хущIэкъухэрти, я зэхуаку зэныкъуэкъу къыдэхъуэрт. Ауэ кIуэ пэтми цIыхум и къэухьым зиужьу мыпхуэдэ «Iуэху зехьэкIэр» зэхана пэтми, абы къищIыкIа мотивыр IуэрыIуатэм занщIэу щыкIуэдыжкъым. Апхуэдэщ «адэр къуэм зэрезауэр» мотиври [Гутов 2000: 14-33].
ЩIэныгъэлI зыбжанэм зэратхымкIэ, мы лIыхъужьитIыр щIызэщыхьам нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэщ: Тотрэш бзаджащIэщи, Сосрыкъуэ абы поув [Гадагатль 1967: 198-199]. Мы Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ Гъут I.М. гу лъетэ, 1951 гъэм къыдэкIауэ щыта «Нартхэр. Къэбэрдей эпос» тхылъым зыхэлэжьыхьауэ ихуа вариантым фIэкIа, Тотрэш апхуэдэу щыту къызыхэщ IуэрыIуатэхэкI нарт эпосым нэгъуэщI зэрыхэмытым [Гутов 2009: 16-17]. Пэжщ, «Нарт ТIотIрэшрэ Щауейрэ зэрызэхуэзар» жери иджыри зы хъыбар щыIэщ, мы персонажыр тхьэщыхьэу къыщыгъэлъэгъуауэ, ауэ мыбдежым Щауей нысащIэ лъыхъу зэрыкIуа сюжетым мы лIыхъужьым и цIэр къыхэзэрыхьауэ арщ, армыхъумэ зыкIи абы епхакъым; нэхъыбэрэ абы и къалэныр зыгъэзащIэр Уэзырмэсрэ Уэзырмэджрэщ. Ахэр къэтлъытэри дэри хъыбарыр «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъым и ещанэ томым хэдгъхьащ, Щауей ехьэлIа циклым хэту [Нарты… 2020: 529-536].
Адрейуэ дызыщыгъуазэ сюжет вариант псоми Тотрэш и образым хэпщащ курыт лIэщIыгъуэм щыIа лIыхъусэжь (рыцарь) нэсым хэлъын хуейуэ къалъытэ хьэл-щэн псори: лIыгъэр, хахуагъэр, зэпIэзэрытыныгъэр, н. Апхуэдэ щытыкIэр, дауикI, образым нэхъ иужьу зыIэригъэхьахэм ящыщ зыщ. Сосрыкъуэ и образыр зэман жыжьэм къызэрыщежьам и нэщэнэхэм ящыщщ, лIыгъэм, хахуагъэм къыдэкIуэу, абы дэтлъагъу бзаджагъэмрэ бгъэдэлъ мэгъу зэфIэкIымрэ. Пасэрей гупсысэкIэм къызэритIасэмкIэ, бийм утекIуэн папщIэ, сыт хуэдэ Iэмалри – къарури, лIыгъэри, бзаджагъэри, мэгъу зэфIэкIри – къэбгъэсэбэп хъунущ. Аращи, Сосрыкъуэ апхуэдэщ. Ауэ, Гъут I.М. зэритхымкIэ, курыт лIэщIыгъуэм и кIэуххэм щыIа Iуэху еплъыкIэм тепщIыхьмэ, текIуэныгъэм хэкIыпIэу иIэр зы закъуэщ – лIыгъэрщ, хахуагъэрщ. Тотрэши и образым пасэрей хьэл-щэн гуэрхэр бгъэдэлъу къежьэу, иужькIэ зэхъуэкIыныгъэ игъуэтагъэну, уеблэмэ, лIыхъусэжьым и щапхъэу абы кIэрылъ хъуа нэщэнэхэр бзаджагъэмрэ мэгъумрэ куэдрэ хуекIуэ Сосрыкъуэ зэрыпэгъэувам къишауэ, а щIыкIэмкIи ар лIыхъусэжь нэсу эпосым къыхэщ нарт Бэдынокъуэ и образым пэблагъэ хъуауэ щIэныгъэлIым хуегъэфащэ [Гутов 2009: 21].
Тотрэш лIыгъэкIэ Сосрыкъуэ ар зэрефIэкIыр мыпхуэдэ щIыкIэкIэ эпосым къыщыгъэлъэгъуащ:
Мыкъутыр и бжыкIти,
И шы бэкъум къыдидзащ,
И дзэжэщIми къыридзэри,
Бжыпэм фIэлъуи дыридзейщ,
Бжэныцрэ хьэцыпэу зэрихьэщ,
Ирихьэхри щIым иригулIащ,
Вийм ямыгъэзэныр,
Дамэ къуапэкIэ иригъэващ,
Вийм я пщIантIэпсри
И натIэм къыпхихуащ,
И анэм и быдзышэри
Iубыгъуищуи къыжьэдихуащ,
Щхьэр фIэхынми нэсащ… [Нарты… 2012: 216].
А псом къикIращи, щапхъэ къэтхьахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, сюжетым щызэхэухуэнащ пасэ дыдэу къэунэхуа мотивхэмрэ нэхъ иужьыIуэкIэ IуэрыIуатэм къыхыхьа пкъыгъуэхэмрэ, икIи а щытыкIэр адрей сюжетхэми хыдолъагъуэ. Апхуэдэщ, кIапэ-лъапэу фIэкIа, ирикъуу ди лъэхъэнэм къэмыса «Нартыжь уэрэдри».
Пэжщ, зи гугъу тщIам къыщхьэщыкIыу, мы уэрэдым сюжет укъуэдия иIэрэ зы Iуэхугъуэм теусыхьауэ щыткъым. Абы щыгъуэми, лIыхъужь нэхъыщхьэу Батрэз вариант куэдым къызэрыхэщым къыхэкIыу, щIэныгъэлIхэм уэрэдыр абы и циклым хагъэхьэ. Къапщтэмэ, «Нартхэр. Адыгэ эпос» къыдэкIыгъуэхэм и етIуанэ тхылъыр щыдгъэхьэзырым, дэри абы дытетащ [Нарты… 2017: 130-136]. Абы къыдэкIуэу, уэрэдыр зыхуэпхьыну жанр лIэужьыгъуэр – нарт пшыналъэ хьэмэрэ тхыдэр зи лъабжьэ уэрэдыжь – тыншу пхузэхэгъэкIыркъым, тIум я нэщэни бгъэдэлъу зэрыщытым къыхэкIыу. Мы нэщэнэхэм Гъут I.М. зэгуэр гупсэхуу тетхыхьауэ щытащ [Гутов 1993: 19-23], ауэ, къихута псоми я гугъу дымыщIми, щIэныгъэлIым и псалъэ зыбжанэ къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ, дызытепсэлъыхь IуэхугъуэмкIэ гъуазэ хъуну къытщохъури: «Батрэзым хуахьыр и макъамэкIэ адыгэ уэрэдыжьу, ауэ и темэкIэ мифологиерэ лIыхъужь эпос пшыналъэу зэхэлъ «Нартыжь уэрэдыр». Уэрэдым и варианту зыбжанэ ятхащ, икIи абыхэм я нэхъыбитIым Батрэз и цIэр къыхощыр, курых персонажу. Хуэбгъэфащэ хъунущ, ар зэгуэр шэщIауэ кIыхьу жаIэу щыта пшыналъэшхуэм и зы кIапэу къэнауэ, а пшыналъэм мы дунейр къызэрыунэхуамрэ цIыху цIыкIум я тхыдэмрэ мифологие хабзэкIэ къыщыIуэтэжауэ щытагъэну» [Гутов 2010: 55]. Мыбдежым щIэныгъэлIым зи гугъу ищIыр ди IуэрыIуатэм куэдрэ узыщрихьэлIэ мы едзыгъуэрщ:
Уафэхэр щымыджэмыпцIэм,
ЩIылъэхэр щызэпцIагъащIэм,
Уафэр хъыкIэ щаухуэу,
ЩIылъэр мэлкIэ щахутэм,
А зэманым сышкIахъуэ щIалэт.
Бещто мэзыр щымыч-мыбжэгъуу,
Бещтоужьыр къандзэгу щыхуэдэу,
Индылым лъэсыр щебакъуэм,
А зэманым сылIыныкъуэтхъут… [Нарты… 2017: 134-135].
Гу лъытапхъэщ, Батрэз нэмыщI, мы уэрэдым Тотрэш и цIэри къызэрыхэщыми, сюжет шэщIа имыIэми, къапэщылъ зауэ гуащIэм зэрызыхуагъэхьэзырымрэ ар зэрекIуэкIымрэ гу лъозыгъатэ Iыхьэр къэтхьа едзыгъуэм къызэрыпыувэми. Мис абы и зы щапхъэ, Гъуо Хьэбашэ (1836 гъ. къ.) Тотрэш теухуауэ къыжиIыжауэ щытар:
Зи гум из, гумызищэр зыкIуэцIылъ,
Ныбэм илъу лъыр зыщIэж,
Албэч и къуэ Тотрэш,
Зи пащIэр хуэжырымыл,
Нартыжьхэ зэдаIэбжиблым
Зауэшхуэр къырегъэтаджэр.
Уафэр хъыкIэ щауб[ху]эм,
Бещтоужьыр хъанцэгу щыхуэдэм,
Тенджызым лъэсыр щебакъуэм,
А зэманым сылIыныкъуэтхъуфэт.
Албэч и къуэр хуэпэбжымэIущи,
БжэIум щысщ, сыныщIимыгъэкIыу сыкъыреIулI [Нарты… 2017: 130].
Уэрэдым и вариант зыбжанэ щызэбгъапщэкIэ, наIуэ къохъу, зым къыщымыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ гуэрхэр адрейм зэрыхэтым. А щытыкIэр къишагъэнущ уэрэдым ныбжьышхуэ зэриIэм. ИтIанэми, адрей вариантхэм белджылы къащI, нарт эпосым дежкIэ «щIэщыгъуэу» щыт хэку хъумэным уэрэдым щIыпэшхуэ зэрыщиIыгъыр. Дунейр къызэриухуа мотивым еплъытмэ, дауикI, лъэхъэнэкIэ мыр нэхъ кIасэщ.
Борий Хьэжмэт (1872 гъ. къ.) къыжиIэжам къызэрыхэщымкIэ, дзэшхуэ къатеуэну къыщащIэкIэ, ахэр къызэрыкIуэнкIэ хъуну гъуэгур нартыжьхэм ягъэбыдэ, жьэпкъыр быдапIэщ, жаIэри Iэщэ зезмыхьэфхэр абы ягъакIуэ. АдэкIэ, кхъухьышхуэм псым дзэ фIыцIэр къреш, абы нарт лIыхъужьхэр поув:
Дунеижьым батэр щагъэш,
Дзэ зезышэр ди ужь имыкI,
Дзэшхуэр къыщелъэрышэм,
Елъэрышэ лъагъуэр дгъэбыдэщ,
Жьэпкъыр быдапIэщ, жытIэри…
Ди лъэрымыхь гущэхэр догъакIуэ.
Кхъухьышхуэ гущэр къыщыкIуэм,
Дзэ фIыцIей жагъуэр къыреш,
Дзэшхуэ гущэр щызэщIэшасэм,
ЛIыхъухэм дамэр къатокIэ [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-з. П. 22].
Хьэсанэ Гъузер (1861 гъ. къ.) и вариантым а пычыгъуэм мыпхуэдэ къэIуэтэкIэ иIэщ:
Псы ежэхми сызэпыроплъ,
Кхъухь фIыцIэжьхэр къызэпыраху,
Дзэ фIыцIэжь мыгъуэр къызэпыришщ…
ДзэпитIкIи зынаузэщIащ.
<…>
Дзэ фIыцIэжьыр къызэрыдэкIыр
Уэ къуршыжьым и лъагъуэ закъуэщ.
Шу нэхъыф<I>хэр лъагъуэм Iуагъэувэ,
Я нэхъыкIэр жьэпкъым щIохьэж [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-и. П. 11].
А зауэр гуащIэу зэрыщытар, «шу закъуэу» хахуагъэ къигъэлъагъуэу Тотрэш абы зэрыхэтар мы псалъэхэм къаIуатэ:
Къэралиблыр нызэщIошасэ…
Джатэжьуэрэ хьэщхьэрыIуэдзэм
И дзэпкъитIымкIэ лъыхэр ныпож,
ПщIэгъуалэжьым лъыхэр ножэх,
<…>
Уэ лIыкIуэхэр ныпхудогъакIуэ,
ЛIыкIуэу ныпхуэдгъэкIуар
ЩыхьэкIуиеу къытхуогъэкIуэж.
Удэплъейм – вагъуэшхуэ закъуэщ,
Албэч и къуэр закъуэрызауэщ… [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-и. П. 11].
Псалъэхэр, жыIэгъуэхэр нэгъуэщIми, мыхьэнэкIэ мыбы пэгъунэгъущ адэкIэ зи гугъу тщIыну «Дзэ гъэшынэ шу закъуэ» пшыналъэм и щIэдзапIэри:
Уей, хъэзырыдзэр дзэшхуает, дзэ фIыцIэт,
Хы фIыцIэжьым къытехьэщ, къисыкIщ,
ПсыжьыкIэкIэ къигъазэщ, къибзыхьщ,
Тыхьаер хэку гъунэм къыщищIщ,
НартыщIым щыятэщ, щытIысщ…
Нартыжьхэр зэхохьэ, зэхуос,
Нарт хасэр зоупщIыр, зэщIогъу,
Мэгъужьыр ягъаплъэ, зоплъыж,
Зоплъыжри нартыдзэр мэшэс,
Мэшэсри, бжыщхьэ гуэрэнти, мэув,
ГуащIэвыжь палъэти ныдокI,
ГуэрэныжьыкIэкIэ нагъазэ, мэзеуэ,
Зауаер а махуэ гущэм наублэщ.
ЛIым и бланэхэр зэпоуэ, зоунэху,
Хуэмыху и Iэщэр къыIуагуэ, къыIуагуэ,
Гуэрэныжь лъапэ мэгызэ, мэбатэ… [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-л. П. 3].
«Нартыжь уэрэдым» къыщхьэщыкIыу, «Дзэ гъэшынэ шу закъуэ» пшыналъэм сюжет шэщIа иIэщ, икIи адэкIэ абы зэрызиужьар пэгъунэгъущ Начо КIэмацэ (1879 гъ. къ.) къиIуэтэжауэ щыта «Бэдынокъуэ къызэралъхуар» [Нарты… 2020: 27-30], КIуай Исмахьил (1876 гъ. къ) – «Шэбатныкъо икъэхъуI’эр» [Нарты… 2020: 34-36], Пщыдатэкъо Мадин (1929 гъ. къ.) – «Нарт Шэбатныкъо икIэлэгъор» [Нарты… 2020: 38-44], Бжьунай Мухьэмэд (1856 гъ. къ.) – «Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар» [Нарты… 2020: 54-55] хъыбархэм дызыщрихьэлIэ сюжетым.
Сюжетыр зэм Бэдынокъуэ и анэм, зэм езы лIыхъужьым теухуауэ щыт щхьэкIэ, тIум щыгъуэми къаIуатэр зыщ: нарт хэкум бий бзаджэр бжыгъэншэу къытоуэ; абы нартхэр хигъаплъэу здызэхэтым, дэнэ къикIами ямыщIэу, шу закъуэ къахохьэри бийр лъэрыщIыкI ещI. Бэдынокъуэ и анэм теухуа хъыбархэм мыбы адэкIэ къыпещэ, Бэдынокъуэ къызэралъхуа сюжетыр. Тотрэш и пшыналъэм апхуэдэ зыгуэри хэткъым, атIэ зытеухуар, къызэрыжытIам хуэдэу, щIыналъэр бийм щыхъумэнырщ. Бэдынокъуэ (е и анэм) ехьэлIа сюжетым къызэрыщхьэщыкIыр, мыхэр е хъыбар къудейуэ, е хъыбаррэ пшыналъэу зэщIэту къэIуэтамэ, Тотрэш теухуар и кIыхьагъкIэ пшыналъэм и теплъэр иIэу гъэпсащ. Абы къыдэкIуэу, Бэдынокъуэ и циклым дызыщрихьэлIэ чынтхэм япIэкIэ, мыбдежым бий бзаджэу нартхэм къалъыкъуэкIыр хазархэрщ. Адрейуэ пкъыгъуэ дызрихьэлIэу хъуамкIэ, къэIуэтэкIэкIэ зэщхьэщыкIми, тIури зэтохуэ. Уеблэмэ, лIыхъужьыр, и шыр, и джатэр, н. зыгъэбелджылы псалъэ, жыIэгъуэ зэрыIыгъ щхьэхуэхэри абы къыпкърахауэ мы къэкIуэну щапхъэхэм шэч дагъэщI, бзэр къулей зыщI художественнэ Iэмалхэр (егъэщхьыныгъэ, егъэлеиныгъэ, эпитет, н.) IуэрыIуатэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэм, жанр зэхуэмыдэхэм хыхьэхэри къызэщIиубыдэу, зэIэпыхыныр IуэрыIуатэм и пщалъэу щыт пэтми:
- Бэдынокъуэ ехьэлIам: «– Уи пцIэгъуэплъу блапщэ щхьэ гъурыр Iэ кIуэцI ижыну гъэпсащ…» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-д. П. 14]. Тотрэш теухуам: «Зы шыгъуэ тесщи, бланащхьэщ, щхьэ гъурщ» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-л. П. 3].
- Бэдынокъуэ ехьэлIам: «И шы лъабжьэм къыщIидзар КъуанщIапцIэу мэхуарзэ, И шыпэ бзийм кърихуам Гъуэгу напщIитIыр нелыгъуэ» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-е. П. 6]. Тотрэш теухуам: «И гъуэгу напщIитIыр пэбзийм елыпщI, КъуанщIэм и куэдыр шы ужьым щохъей» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-л. П. 3].
ЗэрыжытIащи, хэку хъумэныр нарт эпосым нэхъ иужьу къыхыхьа мотивхэм ящыщ зыщ: ищхьэкIэ дызытепсэлъыхьа «Нартыжь уэрэдыр» къыумылъытэмэ, нарт лIыхъужьхэм щыщу нэхъыщIэ дыдэу ябж Бэдынокъуэ ехьэлIа циклым и пэ абы зыщIыпIи дыщрихьэлIэркъым. Сюжетыр абы «Iэпызыхыжа» Тотрэш и пшыналъэр абы нэхърэ зэрынэхъыщIэжми шэч гуэри къыпхутехьэну къытщыхъуркъым. Абы къыдэкIуэу гу зылъытапхъэращи, Бэдынокъуэ и ныкъуэкъуэгъуу щыт чынтхэр эпическэ лъэпкъмэ, абы, дауикI, хуэдэкъым адыгэхэр зэгуэр зыжьэхэуауэ щыта хазарыдзэр, икIи ар къызэрыхыхьэм пшыналъэм щекIуэкI Iуэхугъуэр тхыдэм нэхъ пэгъунэгъу ещIыр.
Тхыдэтххэм я фIыщIэкIэ, куэд щIауэ наIуэ къэхъуащ VIII-X лIэщIыгъуэхэм зэфIэува Хазар каганатымрэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэмрэ я зэхущытыкIэр тынш дыдэу зэремыкIуэкIар [История… 1975: 76]. ЦIыху гъащIэм къыщыхъу дэтхэнэ зы Iуэхугъуэшхуэри зыщIэзышэ IуэрыIуатэм ари гулъытэншэу къигъэнакъым: абы теухуа уэрэд, хъыбар зыбжанэ къэунэхуащ. А къэхъугъэм ехьэлIауэ Нэгумэ Шорэ зэгуэр итхыгъат: «Зыкъомым зэрагугъэмкIэ, адыгэхэр хазархэм я унафэм щIэту щытащ; ауэ хазархэм адыгэхэр пщылIыпIэм зэрырагъэувауэ щытамкIэ хъыбархэм зыри жаIэжыркъым. Ауэ абы зыкIи темыхуэу, хазархэмрэ тмутараканскэ пщыхэмрэ зэрезэуахэр куэду IупщIу хъыбарыжьхэм къыхощыж» [Ногмов 1958: 114].
Нэгумэм зи гугъу ищIыр «Алыджыкъуэпщ и уэрэдымрэ» «Сэркъалэ зауэм» ехьэлIамрэ абыхэм ятеухуэжа хъыбархэмрэщ. Мис япэ уэрэдым хэт псалъэхэр:
«Хы адырыщIмэ си ижьырабгъунэр темыкI,
Кхъухьышхуэ къикIмэ дыщэ хъущIанэхэр зыхоплъыпэ.
«Тхьэмэ и СозэрэщымкIэ сигъапцIэщ», – жеIэри мэдалъэ.
А пщышхуэмэ тхьэр и лъыщIэжщ.
Алыджыкъуэр зауэ зэхэшэщ.
Алыджыкъуэпщым АскъалэмкIэ уи гур мэдауэ.
Щыблэуэ ди адыгэдзэр зыдикIыу зэдагъэзэжщ.
«Тхьэм и СозэрэщымкIэ сигъапцIэщ», – жеIэри мэдалъэ.
Алыджыкъуэпщыр кIуэжыкIэ мыщIэщ» [Ногмов… 1958: 115].
ЩIэныгъэлIым уэрэдыр адыгэ-хазар зауэм теухуауэ жиIэ пэтми, зэрынэрылъагъущи, ар мы псалъэ къудейхэмкIэ гурыIуэгъуэ хъуркъым. Ауэ абы теухуа хъыбарым апхуэдэу зэрыщытыр наIуэ къещIыжыр. Нэгумэм къихь хъыбарым ипкъ иткIэ жыпIэмэ, адыгэпщ Бэлэтокъуэ Безрыкъуэрэ Къанж Алыджыкъуэпщымрэ я дзэхэр зэгухьэри хазархэм езэуэну кIуащ. Дзэм щыщ цIыху зыбжанэ къыздищтэри бийм я тIасхъэ щIихыну Алыджыкъуэпщыр ежьауэ, езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ хазарыдзэм Iуоуэ, Алыджыкъуэпщри гъэр ящI. Безрыкъуэпщыр ар гъэр зыщIа биидзэм теуэу зэтрикъута щхьэкIэ, Алыджыкъуэпщыр къызэрыхуэмыгъуэтыжам абы тепыIэгъуэ къритыртэкъым. А щытыкIэхэр къыхэщыжу уэрэдри зэхалъхьащ [Ногмов… 1958: 114-115].
Пэжщ, хъыбарым и кIэр абдежым щиухыркъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, Алыджыкъуэпщыр Саркъалэ (Аскъалэ) гъэру щаIыгът. А Iуэхур къызэрыхъурэ илъэсищ дэкIауэ, тэтэр хъаныр адыгэхэм къытеуащ. Мыдрейхэри, опсхэм дэIэпыкъуэгъуу дзэшхуэ къагъэкIуати, ахэри ящIыгъуу хъаныдзэм пэуващ. АрщхьэкIэ хъаным абыхэм зэгурыIуэныгъэ къарищIылIащ, зэгухьэу Аскъалэ къащтэмэ, адыгэхэм я гугъу къимыщIыну. Псори абыкIэ арэзы щыхъум, быдапIэм теуащ, Безрыкъуэм ар къигъэсэбэпри, хазархэм гъэру яIыгъ Алыджыкъуэпщыр хуит къищIыжащ. Нэгумэм зэритхымкIэ, «Сэркъалэ зауэ» уэрэдыр а Iуэхугъуэм теухуауэ яусащ, езым и «Адыгэ народым и тхыдэ» тхылъми къытридзащ [Ногмов… 1958: 117-118].
Мыбдежым, щIыпIэшхуэIуэ зэрыщиубыдынум, абы щыгъуэми къэтIуэтэну дызыхуейр япэ уэрэдым белджылы къищIу зэрыщытым къыхэкIыу, абы и псалъэхэр къыщытхьыркъым. Ауэ къыжыIапхъэщ, арикI, хъыбарыр щIымыгъумэ, зытеухуар къызэрыбгурымыIуэр. Псалъэм папщIэ, уэрэдым дызыщрихьэлIэ «ЗауэлIхэр гъуэмыладжэ хъумэ, Безрыкъуэ я гъуэмылалъэщ. Тэтэр хъаным къыхуиша дзэшхуэм дунеишхуэр къизэуфынт…» [Ногмов… 1958: 118] сатырхэм къыхэщ Безрыкъуэр хэтми, абы тэтэр хъаным дзэшхуэ къыщIыхуишам и щхьэусыгъуэри IупщI хъуну къыщIэкIынтэкъым, уэрэдым ехьэлIауэ ищхьэкIэ къэтхьа хъыбарым ар къимыIуатэу щытатэмэ.
Мы теплъэр тхыдэр зи лъабжьэ эпосым хыхьэ уэрэдыжьхэмрэ хъыбархэмрэ ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэу, абыкIэ ахэр нарт пшыналъэхэм къазэрыщхьэщыбгъэкI хъуну нэщэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым щIэныгъэлIхэм гу зэрылъатэрэ зэман зыбжанэ дэкIащ. Псалъэ папщIэ, Гъут I.М. «Нартыжь уэрэдым» теухуауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм мыпхуэдэ гупсысэхэр къыщыхьащ: мы уэрэдым сюжет укъуэдия зэримыIэмрэ композицэ и лъэныкъуэкIэ бгъэдэлъ ухуэкIэмрэ ар тхыдэр зи лъабжьэ уэрэдыжьхэм пэгъунэгъу ящI; лIыхъужь эпосым и хабзэхэм ящыщщ, зы лIыхъужьым игъэхъахэм композицэр тегъэпсыхьарэ абы и IуэхущIафэхэр къызэпкърихыу зэрыщытыр; тхыдэр зи лъабжьэ уэрэдыжьхэм лIыхъужьым бгъэдэлъ хьэл-щэн, щытыкIэ (лIыгъэ, хахуагъэ, н.) зыбжанэ е и образыр зыгъэбелджылы эпитетхэр къыщыхьауэ арщ, абы щыгъуэми ахэр гурыIуэгъуэ, IупщI зыщIыр уэрэдым къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарырщ [Гутов 1993: 20]. ЩIэныгъэлIым къыжиIахэм хуэдэщ Нэгумэм зи гугъу ищIа уэрэдитIри.
Тотрэш теухуа пшыналъэм дежкIэ дгъэзэжмэ, хъыбар щIымыгъуми, илъащIэкIэ къэтхь сатыр зыбжанэм белджылы къащI, нартхэм хэт къатеуами, дэнэкIэ къикIами, дэнэкIэ ягъэзами, бийр дауэ шынагъуэу щытами, нартыщIым сыт щагъэхъами:
«Уей, хъэзырыдзэр дзэшхуает, дзэ фIыцIэт,
Хы фIыцIэжьым къытехьэщ, къисыкIщ,
ПсыжьыкIэкIэ къигъазэщ, къибзыхьщ,
Тыхьаер хэку гъунэм къыщищIщ,
НартыщIым щыятэщ, щытIысщ…» [АИГИ КБНЦ РАН. Ф. 12. Оп. 1. П. 32-л. П. 3].
Хъэзырыдзэ псалъэр къызэрыхэщымкIэ, пшыналъэр ищхьэкIэ Нэгумэм и тхылъым къыщыхьа уэрэдитIым щIыбгъунти тхыдэр зи лъабжьэ эпосым хэбгъэхьэнт, адыгэ-хазар зауэм ехьэлIащ, жыпIэнти. Ауэ мы зы закъуэм фIэкIа, апхуэдэ Iэмал къыдитыну дызытепсэлъыхьахэм щыщу зы нэщэни мыбы бгъэдэлъкъым – ебэкIыр нарт пшыналъэхэм я щытыкIэхэрщ. Апхуэдэхэщ Гъут I.М. къыхигъэбелджылакIауэ зи гугъу тщIа теплъэхэр: пшыналъэм сюжет укъуэдия иIэщ; зы лIыхъужьым игъэхъахэм композицэр тегъэпсыхьарэ абы и IуэхущIафэхэр къызэпкърихыу щытщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Iуэхур къызэрежьам щыщIэдзау зэриухыжам нэсыху къаIуатэу и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр зэрызэкIэлъыхьам пшыналъэр гурыIуэгъуэ ящI. Апхуэдэу, Бэдынокъуэ и хъыбару зи гугъу тщIам хуэдэу, мыбыи мы пкъыгъуэхэр къыхобелджылыкI: 1) хы ФIыцIэм къызэпрокIри дзэ фIыцIэу хазархэр нартхэм къатоуэ; 2) нартхэр абы къигъэнэщхъеяуэ здызэхэтым, дэнэкIэ къикIами ямыщIэу, зы шу зэгъэпэща (Тотрэш) къахохьэ; 3) и закъуэу биидзэр зэтрекъутэри апхуэдэ щIыкIэкIэ нарт щIыналъэр бийм щехъумэ; 4) игъэхъа хахуагъэм папщIэ, ар нартхэм ягъафIэ. А псом къыдэкIуэу, нэхъ пасэу къэунэхуа эпос лIэужьыгъуэм и нэщэнэщ, пшыналъэм щекIуэкI къэхъугъэр нарт щIыналъэм епхауэ, бийм пэувар нарт шухэр (Уэзырмэс, Гуэгуэжь, Шужьей, Тотрэш) арауэ зэрыщытыр.
Аращи, пшыналъэм и сюжетым IуэхугъуитI – нартхэм я дунейр къэIуэтэнымрэ лъэпкъым и тхыдэм къыхэщыж зы Iыхьэрэ (адыгэхэмрэ хазархэмрэ я зэхуаку къыдэхъуауэ щыта зауэмрэ) – щызэхэухуэнащ. ДызэригугъэмкIэ, Гъут I.М. «Нартыжь уэрэдым» ехьэлIауэ «пшыналъэм мы дунейр къызэрыунэхуамрэ цIыху цIыкIум я тхыдэмрэ мифологие хабзэкIэ къыщыIуэтэжауэ щытагъэну» къыхилъхьа гупсысэм мыри къитIасэу къыщIэкIынущ. Абы къидгъэкIращи, лIыхъужь эпосым и хабзэм тету лъэпкъым и гъащIэм и зы теплъэгъуэм (адыгэ-хазар зауэм) хуэгъэзауэ Тотрэш и пшыналъэр яусауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, мыбдежым къэхъуаращи, IуэрыIуатэм зэрихабзэу, нэхъ пасэу цикл щхьэхуэхэм щызэфIэувагъэххэу хьэзыру хэт сюжет, образ хьэл-щэнхэр, нэгъуэщI щытыкIэхэри пшыналъэм «къигъэIэрыхуауэ» арщ.
«ТIотIэрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ» пшыналъэми а щытыкIэ дыдэхэр дыдолъагъу. Ауэ, ипэрейм къыщхьэщыкIыу, мыбы лъабжьэ хуэхъуар дуней псом щызекIуэ, лIыхъужь эпосымрэ псысэхэмрэ зыужьыныгъэшхуэ щызыгъуэта АТ 300 сюжетырщ. Хабзэу зэрыщытщи, мыбы мыпхуэдэ къэIуэтэкIэ иIэщ: благъуэм псыр еубыдри, къиутIыпщыжын папщIэ, набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ хъыджэбзыр жылэм къапеубыд; лIыхъужьым благъуэр еукIри хъыджэбзыр кърегъэл, щхьэгъуси хуохъу. Адыгэ IуэрыIуатэм сюжетыр зэрыхэтым и щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Мыщэ и къуэ Батыр» [Адыгские сказки… 2018: 6-22] псысэ цIэрыIуэр, нарт эпосым деж «Батэрэз благъуэр зэриукIар» [Нарты… 1971: 166-170], н. Абыхэм къащхьэщыкIыу, «ТIотIэрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ» пшыналъэм сюжетым и къэIуэтэкIэм щхьэхуэныгъэ хэлъщ: Хы тIууащIэ къыдокIри псыблаер нартхэм къатоуэ, я Iэщхэр ехьри мэкIуэж; жылэм я лъэIукIэ Тотрэш йожьэ, блэм езэуэну. АдэкIэ сюжетым и зыужьыкIэр Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьам хуокIуэжыр. Хьэбэчыр Азэмэт (1919 гъ. къ.) къиIуэтэжауэ щыта вариантым [Нарты… 2012: 292-294] къызэрыхэщымкIэ, иныжьым Сосрыкъуэ къыжреIэ, езы иныжьым и джатэм фIэкIа, ар зэримыукIынур. Джатэм телъыджагъэ бгъэдэлъщи, бгъэдыхьэIамэ, къохуэхри тIууэ зэпеупщI. Ар иныжьым ещIэжри, гъэпцIагъэкIэ джатэм Сосрыкъуэ иригъэукIыну аращ зыхущIэкъур. Сосрыкъуэ джатэм пэлъэщауэ къихьу щилъагъукIэ, иныжьыр аргуэру бзаджагъэм хуокIуэ: иукIа нэужь, и пщэ лъынтхуэр къыхилъэфрэ и бгым щIипхэмэ, иныжьым и къарур Сосрыкъуэ къыхыхьэну къыжреIэ. АрщхьэкIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, зылъэIэсыр лъынтхуэм тIууэ зэпиупщIырт. Сосрыкъуэ ар къыщищIэм, лъынтхуэр хыфIедзэж, мафIэр къехьри къегъэзэж. Тотрэш теухуа пшыналъэми мы пкъыгъуэ дыдэхэм дыщрохьэлIэ, ауэ я къэIуэтэкIэр нэгъуэщIщ: и щхьихыр щыпаупщIым, Тотрэш зэрытемыкIуэнур къызыгурыIуа блэр бзаджагъэм хуокIуэр: щхьэ ебланэмкIэ къопсалъэри, къиутIыпща шэрэзыр Iэ пцIанэкIэ къищтэу и бжыпэ пэ закъуэр абыкIэ ихъуэжыну (бжыпэ дыкъуакъуэ ищIыну), апхуэдэу хъумэ, къыпэлъэщ дунейм темытыну лIыхъужьым къыжреIэ. Нарт хъыжьэм блэр иукIыу Iэ пцIанэкIэ шэрэзыр къищтэну щыхуежьэкIэ, шэрэзым зыкъедзри и джатэпэр пех, абы фIокIри и псэфылъэм зынедз. АрщхьэкIэ Дэбэч гъукIэм ищIа афэм пхымыкIыу къонэ. А псом зи къарур щIиха шэрэзыр, зэран мыхъужыну къыщищIэкIэ, Тотрэш къещтэри и бжыпэм фIегъэтIысхьэ, апхуэдэ щIыкIэкIи нартхэм бжыпэ дыкъуакъуэр къахехьэ.
Мы иужьрейм тепщIыхьмэ, Тотрэш и образым хыдолъагъуэ нэхъ пасэрейуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ «щэнхабзэ лIыхъужьым» (культурный герой – терминыр япэу адыгэбзэкIэ зыгъэпсар Гъут Iэдэмщ [Гутов 2010: 59]) и хьэл-щэн. Мыр хуэдэщ япэ дыдэу ху жылэр къэзыхута Тхьэгъэлэдж, мэз псэущхьэхэр къэзыгъэIэса Амыщ, япэ гъубжэр, Iэдэр, уадэр зыщIа Лъэпщ, нартхэм мафIэ къахуэзыхьа Сосрыкъуэ, н. ЦIыпIынэ А.А. къызэрилъытэмкIэ, мыпхуэдэ къалэнхэр я пщэ дэлъу нарт эпосым нэхъ иужькIэ къыхыхьащ нартыхур япэу хэкум къизыхьа ЩэрэлIыкъуэ, Пагуэ и къуэ Тэтэрщауэ сымэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа, пасэрей щытыкIэм ебакъуэу (Iэдэ, уадэ, гъубжэ зэрищIам къыдэкIуэу) щIэпщакIуэ хабзэм и къежьапIэ хъуа Лъэпщ, нэхъыжьым ижьрабгъу етыныр къэзубла Пагуэ и къуэ Тэтэрщауэ, н. [Ципинов 2000]. Дызэрыщыгъуазэщи, япэ дыдэ цIыхум зыIэригъэхьа Iэмэпсымэхэм, Iэщэхэм бжыри ящыщщ, ирагъэфIакIуэ зэпытурэ зэман куэдкIэ къызэрыздрахьэкIами шэч хэлъкъым, бжы дыкъуакъуэр пэ закъуэм нэхърэ нэхъ иужь къызэрыунэхуари гурыIуэгъуэщ. А псом тепщIыхьмэ, игъэзащIэ щэнхабзэ къалэн теухуауэ, Тотрэш щIэныгъэлIым къихэгъэкIа етIуанэ гупым нэхъ хозагъэ. Абы къыдэкIуэу, мыр, зэрыжытIауэ, курыт лIэщIыгъуэм щыIа лIыхъусэжь хъыжьэм и щапхъэ гъуэзэджэщи, е къэкIыгъэ (Тхьэгъэлэдж, Пагуэ и къуэ Тэтэрщауэ сымэ хуэдэу), е зэрылажьэ Iэмэпсымэ гуэр къэунэхуным и щIэдзапIэу щыткъым, атIэ цIыхубэм къахихьэр зэуэлIым, зекIуэлым и Iэщэ-фащэхэм ящыщ зыщ – бжырщ (бжы дыкъуакъуэрщ). Абы къикIращи, «щэнхабзэ лIыхъужьым» и образыр зэман жыжьэм къыщежьэми, Тотрэш и IуэхущIафэм нэхъ иужьыIуэкIэ къэунэхуа нэщэнэ хыдолъагъуэ.
КъыжытIа псом къызэрагъэлъэгъуащи, Тотрэш ехьэлIа сюжетхэм, езым и образым дызыщрихьэлIэ пкъыгъуэхэм, хьэл-щэнхэм я щIэдзапIэр зэман жыжьэм мэIэбэр. Ауэ курыхыу хэтлъагъуэ щытыкIэхэм тепщIыхьмэ, мыбыхэм я зыужьыныгъэм и лъагапIэу къэлъытапхъэр ди лIыхъужь эпосым къикIуа гъуэгуанэм щыщу нэхъ иужьыIуэкIэ ар (эпосыр) зыхуэкIуа лъэхъэнэрщ. Апхуэдэу зэрыщытым и сэбэпкIэ – зэман зэпэщхьэхуэхэм къыщежьа пкъыгъуэхэр зэрызэхэшыпсыхьам – мы лIыхъужьым ехьэлIа хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ IуэрыIуатэхэкI нэгъэса къищIыкIащ. Мы иужьрейуэ зи гугъу тщIа пшыналъитIым нэхъ тегъээщIауэ жыпIэмэ, ахэр ди зэманым къэсащ къэзыIуэтэжа Къарэгъул МытIрэ (1865 гъ. къ.) зытхыжа Жаным Борисрэ я фIыщIэкIэ. Езы пшыналъэхэми щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэу къытщохъу, нарт эпосым и кIэух лъэхъэнэм бгъэдэлъ теплъэхэр гъэбелджылынымкIэ гъуазэ хъууэ зэрыщытымкIэ.
ПшыналъитIри «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым къытрадзауэ щытащ [Адыгский фольклор… 1963: 226-231], дэри ахэр хэдгъэхьащ иджыпсту дгъэхьэзыр «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъхэм я IV томым. Апхуэдэу щIэтщIами щхьэусыгъуэ иIэщ. Япэрауэ, мыбдежым къыщыжыIапхъэщ, нарт эпосыр мифологием къитэджыкIыу лIыхъужь эпосым хуэкIуэрэ адэкIэ игъуэта зыужьыныгъэр IупщIу къищын хуэдэу мы къыдэкIыгъуэхэр зэрызэкIэлъыхьар. Абы ипкъ иткIэ япэ томым кIуащ эпосым и ублапIэ лъэхъэнэмрэ (Амыщ, Тхьэгъэлэдж, Лъэпщ, н. я циклхэр) нэхъ пасэу зэфIэува Сосрыкъуэ и циклымрэ [Нарты… 2012]; етIуанэм къызэщIеубыдэ, абыхэм къакIэлыкIуа Уэзырмэс, Батрэз, Ашэмэз сымэ ехьэлIа хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ [Нарты… 2017]; ещанэ тхылъым хыхьащ «нэхъыщIэжу» къалъытэ Бэдынокъуэрэ Щауейрэ я циклхэр [Нарты… 2020]. Мы иужьрейхэм хыдолъагъуэ лIыхъужь эпосым и зыужьыныгъэр кIуэ пэтми зэрыужьыхым и нэщэнэхэр: Бэдынокъуэ и пшыналъэр нарт эпосым и поэтикэм къитIасэу щыт пэтми, прозэу къэIуэта IуэрыIуатэхэкIхэм иужькIэ къэунэхуа адыгэ хъыбарыжьхэмрэ лIыхъужь псысэхэмрэ яжь къазэрыщIихуам гу лъумытэу къанэркъым; Щауей ехьэлIахэращи, мыбыхэм цикл къызэрагъэщIымрэ нартхэм я дунейр къызэрыщыгъэлъэгъуамрэ къыумылъытэмэ, лIыхъужь псысэм псори хэбгъыхьэми, ущыуэнукъым, мы псысэ лIэужьыгъуэм и щытыкIэ куэд апхуэдизкIэ ебэкIыу мыбыхэм зыщIашащи. Апхуэдэу щыт пэтми, жыпIэ хъунукъым, эпосыр «зытет гъуэгуанэр» абдежым занщIэу къыщыувыIэу. АтIэ, къэхъуаращи, зи гугъу тщIа нэщэнэхэр нэхъ IупщIыжу зыхэтлъагъуэ циклхэр, хъыбар е пшыналъэ зырызхэр абыхэм къакIэлъокIуэ. А нэщэнэхэм къадэкIуэу, мыбыхэм нэгъуэщI зы щхьэхуэныгъи ябгъэдэлъщ: сюжет и лъэныкъуэкIэ, образхэм я хьэл-щэн ехьэлIауэ, нэхъыбэу мыбдежым дызыщрихьэлIэр ипэкIэ циклхэм щызэфIэувауэ щытахэрщ. Абы къыхэкIкIэ, мы хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ «эпосыр къызэщIэзыкъуэж лъэхъэнэкIэ» уеджэ хъуну къыдолъытэ. А щытыкIэм и щапхъэ гъуэзэджэщ Тотрэш теухуа пшыналъитI зи гугъу тщIар.
About the authors
M. F. BUKHUROV
Institute for Humanitarian studies – branch of the FSBSE «Federal Scientific Center ‘Kabardin-Balkar Scientific Center of the Russian Academy of Sciences’»
Author for correspondence.
Email: mbf72@mail.ru
References
- Адыгские сказки… 2018 – Адыгские сказки: в 2-х т. Т. 2: Волшебные сказки/ Сост. Ж.Г. Тхамокова (Браева). – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2018. – 592 с.
- Адыгский фольклор… 1963 – Адыгский фольклор. В 2-х т. Т. 1 / Сост. З.П. Кардангушев. – Нальчик: Кабардино-Балкарское книжное издательство, 1963. – 270 с.
- АИГИ КБНЦ РАН – Архив Института гуманитарных исследований Кабардино-Балкарского научного центра Российской академии наук.
- Березкин, Дувакин – Березкин Ю.Е., Дувакин Е.Н. Тематическая классификация и распределение фольклорно-мифологических мотивов по ареалам. Аналитический каталог // Ruthenia.ru – объединенное гуманитарное издательство: сайт. URL: https://www.ruthenia.ru/folklore/berezkin/index.htm (дата обращения: 13.10.2020).
- Гадагатль 1967 – Гадагатль А.М. Героический эпос «Нарты» и его генезис. – Краснодар: Краснодарское книжное издательство, 1967. – 423 с.
- Гутов 2010 – Гутов А.М. Адыгский фольклор// История адыгской (кабардино-черкесской) литературы: в 3-х т. Т. 1 / гл. ред. Х.Т. Тимижев. – Нальчик: ГП КБР «Республиканский полиграфкомбинат им. Революции 1905 г.», 2010. – С. 37-81.
- Гутов 2009 – Гутов А.М. Народный эпос: Традиция и современность. – Нальчик: Изд-во КБИГИ, 2009. – 228 с.
- Гутов 1993 – Гутов А.М. Поэтика и типология адыгского нартского эпоса. – М.: Наука. Издательская фирма «Восточная литература», 1993. – 207 с.
- Гутов 2000 – Гутов А.М. Художественно-стилевые традиции адыгского эпоса. – Нальчик: Издательский центр «Эль-Фа», 2000. – 219 с.
- Джапуа 2003 – Джапуа З.Д. Абхазские архаические сказания о Сасрыкуа и Абрыскиле (Систематика и интерпретация текстов в сопоставлении с кавказским эпическим творчеством. Тексты, переводы, комментарии). – Сухум: Издательство «Алашара», 2003. – 375 с.
- История… 1975 – История Кабардино-Балкарской АСС?: в 2-х т. Т. 1 / Гл. ред. Т.Х. Кумыков. – Нальчик: Книжное издательство «Эльбрус», 1975. – 519 с.
- Кабардинский фольклор… 2000 – Кабардинский фольклор / Общ. ред. Г.И. Бройдо. – Нальчик: Издательский центр «Эль-Фа», 2000. – 651 с.
- Мифы народов… 1994 – Мифы народов мира. Энциклопедия в 2-х т. Т. 2 / Гл. ред. С.А. Токарев. – М.: Российская энциклопедия, 1994. – 719 с.
- Нарты… 1971 – Нарты. Адыгский эпос. Собрание текстов в 7 томах. Т. 4 / Сост. А.М. Гадагатль. – Майкоп: Адыгейское кн. изд-во, 1971. – 331 с.
- Нарты… 2012 – Нарты. Адыгский эпос: в 3-х т. Т. 1: Ранние циклы эпоса. Сосруко / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: ООО «Тетраграф», 2012. – 424 с.
- Нарты… 2017 – Нарты. Адыгский эпос: в 3-х т. Т. 2: Озырмес. Батраз. Ашамез / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: ИГИ КБНЦ РАН, 2017. – 468 с. // Институт гуманитарных исследований – филиал ФГБНУ ФНЦ «Кабардино-Балкарский научный центр РАН»: сайт. URL: http://www.kbigi.ru/fmedia/2.%D0%9D%D0%90%D0%A0%D0%A2%D0%AB.%D0%A2%D0%BE%D0%BC-2.pdf (дата обращения: 14.10.2020).
- Нарты… 2020 – Нарты. Адыгский эпос: в 3-х т. Т. 3: Бадиноко. Шауей / Гл. ред. А.М. Гутов. – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2020. – 582 с. // Институт гуманитарных исследований – филиал ФГБНУ ФНЦ «Кабардино-Балкарский научный центр РАН»: сайт. URL: http://www.kbigi.ru/fmedia/%D0%9D%D0%90%D0%A0%D0%A2%D0%AB-2020 %D0%91%D0%AD%D0%94%D0%AB%D0%9D%D0%9E%D0%9A%D0%AA%D0%A3%D0%AD-%D0%94%D0%9B%D0%AF-%D1%80%D0%B0%D0%B7%D0%BC%D0%B5%D1%89%D0%B5%D0%BD%D0%B8%D1%8F.pdf (дата обращения 14.10.2020).
- Ногмов 1958 – Ногмов Ш.Б. История адыгейского народа/ Перев. З.П. Кардангушева. – Нальчик: Кабардино-Балкарское книжное издательство, 1958. – 240 с.
- Сравнительный указатель… 2018 – Сравнительный указатель сюжетов адыгских (кабардинских, черкесских, адыгейских) волшебных сказок по системе Аарне-Томпсона / Сост. Ж.Г. Тхамокова (Браева) // Адыгские сказки: в 2-х т. Т. 2: Волшебные сказки/ Сост. Ж.Г. Тхамокова (Браева). – Нальчик: Ред.-изд. отдел ИГИ КБНЦ РАН, 2018. – С. 553-588.
- Хут 2003 – Хут Ш.Х. Адыгское народное искусство слова. – Майкоп: Адыгейское республиканское книжное издательство, 2003. – 536 с.
- Ципинов 2000 – Ципинов А.А. «Культурный герой» в мифоэпической традиции адыгов // Вопросы кавказской филологии и истории. – 2000. – Вып. 3. – С. 95-116.
- Thompson 1961 – Thompson S. The types of the folktale. А classification and bibliography. Antti Aaarne’s «Verzeichnis der Märchentypen» (FFC № 3) translated and enlarged. Second revision (FFC 184). – Helsinki: Suomalainen Tiedeakatemia, 1961. – 588 p.
Supplementary files
