Neologisms in the Kabardino-Circassian language (based on linguistic terminology)
- Authors: Zhiletezhev K.C.1, Zhiletezheva L.K.2
-
Affiliations:
- The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
- Kabardino-Balkarian State University named after Kh.M. Berbekov
- Issue: No 1 (2023)
- Pages: 324-332
- Section: Languages of the peoples of the Russian Federation (languages of the peoples of the North Caucasus)
- Submitted: 11.05.2025
- Published: 15.12.2023
- URL: https://bakhtiniada.ru/2542-212X/article/view/291374
- DOI: https://doi.org/10.31143/2542-212X-2023-1-324-332
- EDN: https://elibrary.ru/LPOVSI
- ID: 291374
Cite item
Full Text
Abstract
Full Text
Мы гъэм илъэсищэ мэхъу къэбэрдей-шэрджэсыбзэм тхыбзэ зэригъуэтрэ. Абы лъабжьэ хуэхъуащ Хъуран Батый 1923 гъэм латин графикэм тету къы-дигъэкIа алфавитыр. ТхыгъэщIэбзэу щытми, абы лъандэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ, адыгэбзэ грамматикэр фIыуэ зэфIэува, джа хъуащ. Ауэ, дапхуэдизу бзэр щIэныгъэкIэ убзыхуа мыхъуами, абы иджыри гъэтэрэзыжын хуей гуэрхэр зэрыхэтыр нэрылъагъущ. Абыхэм ящыщ зыщ бзэщIэныгъэ терминхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри. Адыгэ бзэщIэныгъэ терминхэм я зэхэублакIуэщ Нэгумэ Шорэ. 1840 гъэм абы зэхилъхьа адыгэбзэ грамматикэм езым къигупсыса термин зыбжанэ къы-щигъэсэбэпащ (иджырей тхыкIэр дэщIыгъуу ахэр къэтхьынщ): зэрытыпIэ – пкъыгъуэ, цIэ зи фащэуэ щыIэр – щыIэцIэхэр, плъыфэцIэхэр – плъыфэцIэхэр, цIэм и пIэ итхэр – цIэпапщIэхэр, пкъыгъуэхэр – глаголхэр, лажьэхэр – прича-стиехэр, бзэ налъэхэр – наречиехэр, псалъэпыдзэ – префикс, суффикс, бзэ къуэ-дзэ – союз, бзэ им-щымыр – междометие, лъэпкъ – род, бжыгъэ – бжыгъэ, кIуэ-дыпIэ – падеж, закъуэ – закъуэ бжыгъэ, куэдыр – куэд бжыгъэ [Ногма 1958: 186]. Мы псалъэхэм щыщу нобэрей адыгэбзэм хэтщ плъыфIэцIэ, бжыгъэ (закъуэ, куэд) терминхэр. Къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ, щIэныгъэкIэ адыгэбзэр джын щыщадзар Совет лъэхъэнэрщ. Бзэм, псом хуэмыдэу терминхэм, а лъэхъэнэм куууэ елэжьахэм ящыщщ Борыкъуей ТIутIэ. ФIэщыгъэцIэхэр къэгъэщIыным Бо-рыкъуейр жыджэру зэрыхэтыр нэрылъагъу щыхъуащ 1932 гъэм къыдигъэкIа Адыгэбзэ грамматикэм. Абы и грамматикэм къыщигъэсэбэпащ термину щэрэ тIощIым щIигъу. Абыхэм щыщ зыкъом Борыкъуей ТIутIэ адыгэбзэм къригъэзэгъащ: аморфный – формэншэ, аттрибут – плъыфэ, вид – теплъэ, время – зэман, вопросительный знак – упщIэ нэгъыщэ, восклицание – гу лъытэныгъэ, второстепенные члены предложения – псалъэ мыпажэ пкъыгъуэхэр, главные члены предложения – псалъэ пажэхэр, глагол – глагол, лэжьыгъэр зыхэлъ псалъэ, гласные звуки – макъ зешэхэр, глухие согласные – макъ дэкIуашэ дэ-гухэр, губные звуки – Iупэ (макъхэр), деепричастие – деепричастие, хьэл, дол-гие звуки – макъ укъуэдия, дополнение – лэжьыгъэ зылъэIэс, единственное чис-ло – закъуэ (бжыгъэ), желательное наклонение – фIэигъуагъэ зыхэлъ лэжьыгъэ псалъэ, звук – макъ, звонкие согласные – макъ жьгъыжьгъхэр, инфинитив – инфинитив, къыхэкIыпIэ, корень – къуэпс, местоимение – цIэ папщIэ, орфо-графия – тхэкIэ, подлежащее – зылэжь, предикат – лэжьыгъэ псалъэ, предло-жение – псалъэ едзыгъуэ, прилагательное – плъыфэ, речь – хъыбар, слово – псалъэ, слог – пычыгъуэ, согласный звук – макъ дэкIуашэ, союз – псалъэзэпх, существительные – хьэпшыпыцIэ, щыIэхэм я цIэ, термин – зэреджэ цIэ, ударе-ние – хэIэтыкIа [Борукаев 1932: 111-119]. Зэрынэрылъагъущи, Борыкъуейм япэ дыдэу бзэщIэныгъэ терминхэр куэд адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. Абыхэм я нэхъыбапIэр ноби бзэм къыщагъэсэбэп (ахэр фIыцIэу къыхэдгъэщащ), зэхъуэкIыныгъэ мащIи зыгъуэта щыIэщ (цIэ папщIэ – цIэпапщIэ, щыIэхэм я цIэ – щыIэцIэ). Езы термин псалъэри абы зэридзэкIат, ауэ ар бзэм къищтакъым. Шэч хэмылъу, Борыкъуей ТутIэ бзэщIэ-ныгъэ терминхэр адыгэбзэм щызэтеувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, аращ абы и лъабжьэр зыгъэтIылъар. Борыкъуейм къригъэжьа лэжьыгъэм пищащ Елберд Хьэсэн. Абы еджа-пIэхэм (школхэр) щхьэкIэ зэхилъхьа тхылъхэмкIэ зауэ нэужьым илъэс пщыкIутхум нэсыхукIэ щырагъэджащ. Елбэрдым и фIыщIэщ нобэр къыздэсым бзэм хэт терминхэр: щыIэцIэ, плъыфэцIэ, бжыгъэцIэ, псалъэуха, псалъэуха пажэ, псалъэуха гуэдзэ, псалъэуха зэхэлъ, псалъэуха къызэрыкIуэ, псалъэ лъэпкъыгъуэ [Елберд 1949: 63, 67, 76, 30, 34, 50]; псалъэ зэпха, зэкIуныгъэ, зегъэкIуэныгъэ, н. [Елберд 1955: 3, 10, 11]. Елберд Хьэсэн и ужькIэ бзэщIэныгъэ терминхэм куууэ елэжьын щIэныгъэлIхэм зыри къахэкIакъым. ИужькIэ къыдэкIа еджапIэ тхылъхэми, грамматикэхэми, щIэныгъэ лэжьыгъэхэми къыщагъэсэбэпар ипэкIэ щыIэ тер-минхэр аращ. Абы и фIыгъэкIэ бзэм куэду къагъэсэбэп щыхъуащ хамэбзэ тер-минхэр. Ахэр апхуэдизкIэ бэгъуащи, занщIэу нэм къыщIедзэ, бзэм къыхопIийкI. Абы и щыхьэту къэтхьынщ щапхъэ зытIущ: Эргативнэ, послеложнэ, обстоя-тельственнэ падежхэм ит дополненэм косвеннэ дополненэкIэ йоджэ [Урыс 1994: 40]. Псалъибгъу зыхэт мы псалъэухам адыгэбзэу хэтыр псалъитIщ (ит, йоджэ), адрейхэр псори хамэбзэщ. Урыс гуэр мы псалъэухам къеджэмэ, къикIыр къыгурыIуэну къыщIэкIынщ. Деепричастиехэри причастиехэри глагол формэ щхьэхуэщ [Джаурджий 1996: 100]. Мы псалъэухам адыгэбзэу хэтыр зы псалъэ закъуэщ (щхьэхуэщ). Мыпхуэдэ щапхъэхэр адыгэбзэ теухуа сыт хуэдэ тхылъхэми гъунэжу итхэщ. Мы Iуэхугъуэр апхуэдэурэ илъэс хыщI хъуауэ къызэрекIуэкIым и щхьэусыгъуэу мыхэр бгъэувыфынущ: е хамэ-бзэ терминхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуэмейуэ къалъытэу щытщ, е а Iуэхугъуэр зэрыгугъум къыхэкIыу зыми зрапщытыфакъым. Дэ дызэреплъымкIэ, мы щхьэусыгъуитIри Iуэхум хэлъащ. Абы къыщынэмыщIауэ, БакIуу Хъанджэрий къызэрилъытэмкIэ, «термин псори адыгэ псалъэ пхуэщIынукъым, ауэ адыгэ тхыбзэр яухуэу ар джын щыщIадзам абы елэжьахэм зыкъомкIэ я ягъэщ терминологием адыгэбзэ мащIэ фIэкIа зэрыхэмыхьар» [БакIуу 2016: 12]. Иужьрей илъэсхэм терминхэм теухуа гукъеуэр нэхъыбэ хъуащ, лэжьыгъэ щхьэхуэхэм иныкъуэ хамэбзэ терминхэр адыгэбзэм ирагъэзэгъауэ уащрохьэлIэ. Псоми я гугъу тхуэмыщIми, къэтхьынщ щапхъэ зытIущ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90-хэм «Адыгэ псалъэ» газетым тхыгъэ куэд къы-техуэу щытащ адыгэбзэр зэрыт щытыкIэм, ар егъэфIэкIуэным теухуауэ. А Iуэ-хугъуэм жыджэру хэтахэм ящыщщ Жэмтхьэлэ курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Молэ СулътIан. Адыгэбзэ грамматикэр хамэбзэ псалъэхэм «Iэрыубыд» зэращIар абы игу къеуэрт. Бзэм ехьэлIа термин зыбжанэ Молэм адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ икIи 1992 гъэм газетым къытридзауэ щытащ. Къэтхьынщ ахэр псори: падеж – псалъэзешэ, именительнэ – цIэиIуэ, эргативнэ – зыхъуэж, послеложнэ – зыунэтI, обстоятельственнэ – зэрыхъу, префикс – псалъэпэIыхьэ, суффикс – псалъэкIэIыхьэ, послелог – псалъэгуэдзэ, союз – псалъэзэпыщIэ, глагол – лэжьыгъэцIэ, наречие – къэхъукIэцIэ, частицэ – псалъэкIапэ, междометие – макъыцIэ, грамматикэ – щIэнщапхъэ, подлежащэ – зыхужаIэр, сказуемэ – хужаIэр, дополненэ – щIыгъур, определенэ – джын-гъуазэ, причастие – зэрещхьыр, деепричастие – зэрыпыщIар, предмет – щIэн-къудамэ, оценкэ – щIэнпэкIуэ, перерыв – зэIурыугъуэ, тетрадь – тхылъэ, изло-женэ – тхэрыIуатэ, сочиненэ – гурытх, диктант – зэхэхырытх, учебник – джылъэ, урок – щIэнIыхьэ [Молэ 1992: 3]. Зэрынэрылъагъущи, мыбыхэм я нэхъыбэр гурыIуэгъуэу щытщ, термину къапщтэ зэрыхъунуми шэч хэлъкъым. Мы терминхэр псори Шэрджэс Алий и псалъалъэм хигъэхьащ [Шэрджэс 2009: 163-164]. Пэж, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри зыгъуэта хэтщ: джынгъуазэ (зыгъэнахуэ) – определение, зэрещхьыр (зэрыхэщIыхьар) – причастие, лэжьыгъэцIэ (псалъэцIэр) – глагол, тхыбзэ (тхырыбзэ е тхыбзэщIэкI) – лите-ратурэ, щIэнкъудамэ (щIэн къудамэ) – изучаемый предмет, щIэнIыхьэ (джыгъуэ Iыхьэ) – учебный урок [Шэрджэс 2009: 164]. Молэ СулътIан къигъэщIа тер-минипщI (ахэр фIыцIэу къыхэдгъэщащ) иджы дыдэ БищIо Борис къыдигъэкIа бзэщIэныгъэ фIэщыгъэцIэхэм я псалъалъэм ихуащ. Джаурджий Хьэтыкъэ и «Адыгэбзэ» тхылъым дащрохьэлIэ мыпхуэдэ тер-минхэм: вводнэ – хэзышэ, дефис – екъуа, екъуа цIыкIу, текст – тхыгъэ, термин – фIэщыгъэцIэ, орфография – пэжырытхэ, нейтральнэ – ику иту, письменность – тхыбзэ, речь – жьабзэ, н.къ. [Джаурджий I996: 234, 199, 203, 251, 249, 193, 244, 7, 7]. Мыхэр бзэм жыджэру къыщагъэсэбэп. Илъэс зыбжанэ хъуауэ бзэщIэныгъэ терминхэм йолэжь Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ УнэлIокъуэ Вячеслав. Абы и лэжьыгъэхэм термин зыбжанэ езым адыгэбзэкIэ къигъэщIауэ дащрохьэлIэ: бзэхабзэ (грамматикэ), бзэщIэныгъэдж (лингвист), жьэмакъ (фо-немэ), жьэмакъзешэ (фонемэзешэ), жьэмакъ дэкIуашэ (фонемэ дэкIуашэ), макъыдж (фонетикэ), тхыпсэбзэ (литературэбзэ), хъурыщIэ (глагол), хъурыщIафэ (глагольная форма) [Унатлоков, Унатлокова 2015: 3]; макъгъэпс (фонетика), псалъэгъэпс (морфологие), псалъэухагъэпс (синтаксис), кIэIунэ (точ-ка), кIэIунабэ (многоточие), кIэIунэзэтет, кIэIунитI (двоеточие) [УнэлIокъуэ и др. 2021: 3, 92-94]. Мы терминхэм адыгэбзэм къезэгъ куэд яхэтщ, еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщырагъаджэ тхылъхэм ихуащ, студентхэми къагъэсэбэп. Терминхэм дащытепсэлъыхькIэ Iэмал имыIэу псалъалъэхэми дакъыте-увыIэн хуейщ. Адыгэбзэм хэт терминхэр нэхъ зэщIэкъуауэ, нэгъэсауэ, щызу икIи нэхъ куэд къызэщIиубыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIащ ЗекIуэрей Нурдин [Зеко-реев 1999]. Мы псалъалъэм термин 2500 щIигъу къыщыхьащ, псалъэхэм я мыхьэнэхэр адыгэбзэкIэ убгъуауэ щыгъэнэхуащ. БзэщIэныгъэ термину 100 щIигъу псалъалъэм ихуащ. Ябыхэм щыщу термин зыбжанэ ЗекIуэрейм ады-гэбзэм иригъэзэгъащ: билингвизм – бзитIкIэ псалъэныгъэ, дефис – екъуа кIэщI, многозначность – мыхьэнэ куэд, убгъуа, (мыхьэнэбэ), орфоэпия – пэжыры-псалъэ, подлежащее – подлежащэ, зыхужаIэр, сказуемое – сказуемэ, хужаIэр, тире – екъуа кIыхь, тире, ударение – хэкъузэныгъэ, частица – псалъэкIэпыс, ча-стицэ, числительное порядковое – бжыгъэцIэ зэрызэкIэлъахь, чистописание – къабзэрытхэ, н. [Зекорев 1999: 40, 71, 150, 173, 190, 233, 249, 255, 268, 270]. Зэрынэрылъагъущи, бзэщIэныгъэ терминхэр адыгэбзэкIэ щызэдзэкIа лэжьыгъэхэм уащрохьэлIэ. Абыхэм къыщыхьа терминхэр зэтехуэкъым, щхьэж зэрыхуейуэ адыгэбзэм кърегъэзагъэ. Абы къыхэкIкIэ бзэщIэныгъэм ныкъусэ-ныгъэшхуэу щыIэщ а терминхэр гъэтэрэзын, гъэпсыкIэ гуэрым игъэувэн зэры-хуейр. БзэщIэныгъэ терминхэр зы щапхъэ гуэрым пхуигъэувэнукъым, ауэ ахэр зэкIэлъыгъэкIуэн икIи зэхуэгъэдэн хуейт. Апхуэдэ къалэнхэр зыгъэзащIэр бзэщIэныгъэ терминхэм я псалъалъэхэращ. Апхуэдэ псалъалъэ иджыри къэс адыгэбзэм диIакъым. А псори къилъытэри, а лэжьыгъэ мытыншым пэрыуващ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис. 2021 гъэм дунейм къытехьа «Урыс-адыгэ псалъалъэ иным» БищIом зэхилъхьа бзэщIэныгъэ термину 1200 нэс къыщыхьащ [БРКЧС 2021: 11]. Абы мы-хьэнэшхуэ иIэщ. «Адыгэбзэм и фIэщыгъэцIэ системэр ефIэкIуэным, абыкIэ бзэм и зэфIэкIыр гъэбэгъуэным урыс-адыгэ псалъалъэ иным хуищIа хэлъхьэныгъэм и щапхъэу къэпхь хъунущ мыбы бзэщIэныгъэ фIэщыгъэцIэхэр къыщыгъэлъэгъуа зэрыхъуар» [Абазэ 2022: 47]. БищIо Борис а лэжьыгъэм адэкIэ пищащ. Илъэс зытхухкIэ ар зэлэжа псалъалъэр 2022 гъэм дунейм къытехьащ икIи адыгэбзэм зэи имыIауэ бзэщIэ-ныгъэ терминхэм я псалъалъэ игъуэтащ [Бижоев 2022]. Псалъалъэм термину I865 нэс итщ, ар икъукIэ куэд мэхъу. Тхыгъэжьыбзэу ябж урысыбзэм яIэ апхуэ-дэ псалъалъэхэм итыр куэдкIэ нэхъыбэкъым. Псалъэм папщIэ, урысыбзэм нэхъ цIэрыIуэу ябж Д.Э. Розенталь, М.А. Теленкова сымэ я апхуэдэ псалъалъэм тер-мину итыр 2000 нэсщ [Розенталь, Теленкова 1985]. БищIом и псалъалъэм къыщыкIуэ терминхэр гупитIу гуэшащ: урысыбзэм (нэгъуэщIыбзэхэм) щыщу зэхъуэкIыныгъэ зымыгъуэтахэр (зэрыщыту къэнэжахэр); адыгэбзэкIэ зэдзэкIа хъуахэр. Япэ гупым хиубыдэр термин 125 нос, ар мащIэ дыдэщ. ЕтIуанэ гупым хыхьэ терминхэм адыгэцIэ къащыхуилъыхъуэм БищIо Борис бгъэдыгъэкIэ нэхъыщхьитI къигъэсэбэпащ: «Япэр цIэ зыфIэсщ къэхъугъэм иIыгъ увыпIэрщ, абы игъэзащIэрщ, етIуанэр сыт хуэдэбзэми къыщагъэсэбэп Iэмалырщ – хамэбзэ терминыр калькэ щIынырщ, н.ж. и мыхьэнэкIэ зэдзэкIынырщ» [Бижоев 2022: 101]. Илъэс куэд хъуауэ псори зэсауэ бзэм къыщагъэсэбэп терминхэр псалъалъэм зэрыщыту къыщыхьыжащ: щыIэцIэ, плъыфэцIэ, бжыгъэцIэ, цIэпапщIэ, макъ, макъзешэ, макъ дэкIуашэ, зэман, зегъэкIуэныгъэ, лъабжьэ, пкъыгъуэ, псалъэ зэпха, псалъэуха, псалъэуха зэхэлъ, псалъэуха пажэ, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, пычыгъуэ, н.къ. БищIом адыгэбзэм иригъэзэгъа терминхэр куэд мэхъур. Езым зэритхащи, псори ахэр абы къигупсысакъым. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэми кIахэбзэми тер-минхэм теухуауэ щыIэ къэхутэныгъэхэр, еплъыкIэхэр зэуIу ищIащ, адрей къэна къомыр езым и къэухькIэ адыгэбзэм иригъэзэгъащ. Псори къытхуэмыхьми, ща-пхъэ зыбжанэ къэтхьынщ терминыщIэхэм щыщу: бзитIыгъэ – билингизм, гупкъуэж – подгруппа, гурытхэ – изложение, гъэзэщIакIуэ – подлежащее, гъэзэщIэкIуагъэ – предикативность, гъэзэщIэн – сказуемое, гъэнахуэ – атрибу-тивный, гъэнэхуакIуэ – определение, дэдзэ – интерфикс, жыджэрагъ – залог, зэпэщыт псалъэхэр – антонимы, зэхыхьэ – оборот, зыгъэIурыщIэ – подчини-тельный, управляющий, кIэрыув – постпозиция, лэжьыгъэцIэ мыхъейхэр – ста-тические глаголы, лэжьыгъэцIэ хъейхэр – динамические глаголы, лъабжьэгъусэ – аффикс, лъабжьэпэ – префикс, префиксальная морфема, приставка, мы-хьэнэбагъэ – многозначность, полисемия, полисемантизм, пэрыув – препозиция, пкъы – база, основа, пкъыцIэ – соматизм, псалъафэ – фразеологизм, текъузэ – ударение, тешэ – наклонение, ткIуанэ – точка, тхыпкъ – буква, тхыпкъылъэ – 1. алфавит; 2. букварь, тхыхьхэр – скобки, фIэщыгъэцIэ – термин, Iэдэж – слу-жебный, Iэдэж псалъэхэр – служебные слова, IуантIэ – запятая, IукIэзэщхь псалъэхэр – омонимы, IупщIэIумыш – нелабиализованный, негубной, IупщIэIуш – лабиализованный, н.къ. [Бижоев 2022: 113, 144, 115, 117, 119, 123, 125, 127, 131, 135, 136, 137, 141, 144, 145, 154, 155, 156, 159, 165, 166, 167]. Къэтхьа щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, мы терминхэр (фIэщыгъэцIэхэр) гурыIуэгъуэу, адыгэ гупсысэкIэм къитIасэу щытщ. Пэжщ, зы еплъыгъуэкIэ, зэи ямылъэгъуа фIэщыгъэцIэхэм Iэнкун ящIыну къыхэкIынущ. Зы лэжьыгъэ, псом хуэмыдэу псалъалъэ, щыIэкъым щыуагъэ зыхэмыт, ауэ япэу лъагъуэ хэпшыныр сытым дежи нэхъ гугъущ. Япэ дыдэу адыгэ бзэщIэныгъэм терминхэр зэуIу зыщIа БищIо Борис фIыщIэшхуэ хуэфащэщ. Адыгэбзэм елэжь дэтхэнэ зыми мы Iуэхугъуэм хилъхьэнIамэ хуитщ, адэкIэ терминэхэм елэжьынухэм мы псалъалъэр лъабжьи пкъи яхуэхъунущ. Адыгэбзэм зезыгъэужьын, езыгъэфIэкIуэн, нэхъ къабзэ зыщIын лэжьыгъэщ мыр. Мы Iуэхугъуэр зыкъомкIэ нэхъ тынш хъунут республикэм терминхэм ехьэлIауэ комиссэ диIатэмэ, ауэ а Iуэхугъуэр илъэс дапщэ хъуа псалъэмакъым зэрыфIэмыкIрэ.About the authors
Khazhismel Ch. Zhiletezhev
The Institute for the Humanities Research – Affiliated Kabardian-Balkarian Scientific Center of the Russian Academy of Sciences
Email: hazismel@mail.ru
ORCID iD: 0000-0002-6040-9524
Liana Kh. Zhiletezheva
Kabardino-Balkarian State University named after Kh.M. Berbekov
Email: lianavip333@mail.ru
References
- Абазэ 2022 – Абазэ М.М. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм фIэщыгъэцIэхэр (терминхэр) зэрыщызэтеувар // Вестник КБИГИ. – 2022. – № 1 (52). – С. 43-49. – doi: 10.31007/2306-5826-2022-1-52-43-49.
- БакIуу 2016 – БакIуу Хъ. Адыгэбзэм теухуа гупсысэхэр // Вестник науки Адыгейского республиканского института гуманитарных исследований имени Т.М. Керашева. – 2016. – № 9 (33). – С. 12-21.
- БРКЧС 2021 – Большой русско-кабардино-черкесский словарь. Б.Ч. Бижоев, Х.Ч. Жи-летежев, Д.М. Кумыкова, Х.Т. Тимижев. – Нальчик: ООО «Фрегат», 2021. – 792 с.
- Борукаев 1932 – Борукаев Т.М. Грамматика кабардино-черкесского языка. – Нальчик: Кабардино-Балкарский облнациздат, 1932. – 142 с.
- Джаурджий 1996 – Джаурджий Хь. Адыгэбзэ. – Налшык: Эльбрус, 1996. – 272 н.
- Елберд 1949 – Елберд Хь. Адыгэбзэ тхылъ. Грамматикэрэ тхэкIэрэ. – Налшык: Къэбэрдей къэрал тхылъ тедзапIэ, 1949. – 150 н.
- Елберд 1955 – Елберд Хь. Адыгэбзэ учебник. Синтаксис. – Налшык: Къэбэрдей тхылъ тедзапIэ, 1955. – 132 н.
- Зекореев 1999 – Зекореев Н.Н. Школьный русско-кабардино-черкесский терминологи-ческий словарь. – Нальчик: Эльбрус, 1999. – 288 с.
- Молэ 1992 – Молэ С. Бзэ къабзэр лъэпкъым и узыншагъэщ // Адыгэ псалъэ. – 1992.29.12. – № 248 (17.719). – С. 3.
- Ногма 1958 – Ногма Ш.Б. Филологические труды, т. II. – Нальчик: Кабардино-Балкарское книжное издательство, 1958. – 199 с.
- Розенталь, Теленкова 1985 – Розенталь Д.Э., Теленкова М.А. Словарь справочник линг-вистических терминов. – М.: Просвещение, 1985. – 399 с.
- Унатлоков, Унатлокова 2015 – Унатлоков В.Х., Унатлокова Л.С. Практическая фоне-тика современного кабардино-черкесского литературного языка: учебное пособие. – Наль-чик: Каб.-Балк. ун-т, 2015. – 86 с.
- УнэлIокъуэ и др. 2021 – УнэлIокъуэ В., ХъутIэжь З., УнэлIокъуэ Л. Иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэ. Макъгъэпс. – Нальчик: КъБКъУ, 2021. – I03 н.
- Урыс 1994 – Урыс Хь. Адыгэ грамматикэ. Синтаксис, пунктуацэ. – Налшык: Эльбрус, I994. – 213 н.
- Шэрджэс 2009 – Шэрджэс А.И. Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Адыгэ псалъэгъэнахуэм щIыгъужыпхъэхэр. – Налшык: КБИГИ, 2009. – 172 н.
Supplementary files
